|
Статьи на кабардинском языке
31 августа, 2022 - 14:30
КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Прохладнэ районхэм. А щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр и гъусэу абы къипщытащ егъэджэныгъэ IэнатIэм, гъуэгу ухуэныгъэм, псыкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.
31 августа, 2022 - 10:29
Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 27-м щызэхуащIыжащ Kavkaz Music Fest япэ фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. Проектыр гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Налшык къалэ администрацэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ.
31 августа, 2022 - 08:21
Илъэси 100 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Налшык къалэ и щIыуэпсыр зыхуэбгъэдэн щымыIэу сэбэпу зэрыщытар фIэщщIыгъуейщ. 1922 гъэм Налшык къалэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым къыдигъэкIат «Кабардинская автономная область: к 1-й годовщине автономии» зыфIаща тхылъыр. Абы итащ «Налшыкыпсым и сэбэпынагъыр» жыхуиIэ, Никольская А. и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэр. Ар Къалмыкъ БетIал и унафэкIэ ягъэхьэзырауэ арат.
30 августа, 2022 - 14:30
«ЩIыуэпс» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ, «Мэзхэр тхъумэнщ» зыфIаща урысейпсо Iуэхугъуэр къэралым и щIыналъэхэм мы махуэхэм щокIуэкI. Урысейм къыщыхалъхьа щIыуэпс жэрдэмхэм ящыщу мы гукъэкIыр нэхъ ин дыдэщ. «Мэзхэр тхъумэнщ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэр япэ дыдэу 2019 гъэм екIуэкIауэ щытащ.
30 августа, 2022 - 09:28
Астрономхэм иджыблагъэ япэ дыдэу къалъэгъуащ «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.
30 августа, 2022 - 07:26
Иужьрей илъэсхэм хамэ къэрал щыпсэуа ди лъэпкъэгъу куэдым адэжь щIыналъэм къагъэзэжащ. Кременчуг-Константиновкэ къуажэм къэIэпхъуэжауэ дэс адыгэ унагъуэхэм ящыщщ Санэ Мидал и унагъуэри. И щхьэгъусэр и хъыджэбз цIыкIуитIыр и щыкъу анэр къыздищтэри абы Хэкум къигъэзэжащ.
29 августа, 2022 - 14:12
Гуэл щхъуантIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ, хьэщIэу къакIуэр дихьэхрэ ди цIыхухэм гупсэхугъуэ щагъуэту. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.
29 августа, 2022 - 09:36
Пензэ областым хыхьэ «Сурские просторы» газетым щолажьэ нобэ зи IэдакъэщIэкI дыкъеджэ Соковэ Ольгэ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту, Ольгэ зригъэлъэгъуащ Шэджэм псыкъелъэхэр. Игу къинэжахэр езым и псалъэкIэ къыдоIуэтэж:
29 августа, 2022 - 07:33
Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 25-м япэу къыщызэIуахащ KAVKAZ MUSIC FEST щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
28 августа, 2022 - 12:22
Узыфэ зэрыцIалэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхухэм къабзагъэм и хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэрщ. Апхуэдэ узыфэхэр къезыхьэкIхэм ящыщщ ротавирусымрэ норовирусымрэ.
Страницы
|