Статьи на кабардинском языке

Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

 

Журналистым и псалъэр дыщэ пэлъытэщ

Железноводск курорт-къалэм гъубжым щекIуэкIащ «Инфорум» журналистхэм я егъэджэныгъэ форум. Ставрополь крайм и Правительствэмрэ Урысей и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэIущIэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ хэтащ медиаэкспертхэр, политологхэр, къэрал унафэщIхэр.

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 20I9 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ а станицэм щыкIуам яубзыхуащ ар.

Ныбжьэгъу пэж

Илъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Ма­рыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу ­къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр.

 

Шууей зекIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум щIы­налъэм жыджэру зыщыхуа­гъэхьэзыр. Абы хуэгъэпсауэ, Урысейм нэхъапэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ къыщымыхъуауэ, Бахъсэн къалэ округым адыгэ фащэхэр зыщыгъ шууейхэм я зекIуэ къыщызэрагъэ­пэщыну я мурадщ. Абы кърагъэ­б­лэгъэнущ рекордхэр зратхэ тхы­лъым и редакцэм и лIыкIуэхэри.

 

Министрыр ягъэпажэ

УФ-м и ФСИН-м и унафэкIэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыхуагъэфэщащ IэнатIэм республикэм щиIэ управленэм и IуэхущIапIэхэм щаIыгъхэм медико-санитар Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум папщIэ Гаазэ Фёдор и медалыр.

 

ЩIалэгъуалэр егъэгушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ къы­зэрагъэпэща автомобиль зе­кIуэм хэта­хэм я жэрдэмыр игъэдэхащ, ар зи гукъэкIхэр игъэгуш­хуащ, езы­ри яхэтащ.

Мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и ухуа­кIуэхэм я махуэм теухуауэ хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ.

 

Къэрал ныпхэр щаIэтынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ дэт, Науржан Ибрэхьим и цIэр зе­зыхьэ Гимназие №1-р зэ­зыгъэ­пэ­щыж лэжьыгъэхэр зэры­щекIуэкIыр зригъэ­щIэ­ну иджы­благъэ щы-Iащ.

 

Щэнхабзэм и зыужьыныгъэ

Налшык и «Искож» хьэблэм ухуэныгъэ гъэщIэгъуэн и кIэм щынагъэс. Щэнхабзэ зыужьыныгъэм и IуэхущIапIэр лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ящI. Метр зэбгъузэнатIэу миниплIым щIигъу зи инагъ ухуэныгъэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ - абы удз гъэ­гъам и теплъэ иIэщ.

 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке