Статьи на кабардинском языке

ЩIыфэ лышхыр ягъэхъуж

Ипщэ федеральнэ округым зэи щымыIа Iуэхугъуэу Ростов къалэм и онкоцентрым и дохутырхэм щIыфэм иIэ сэкъатыр микрохирургие IэмалкIэ ягъэхъуж.

 

Сэралъп зэшыпхъухэр

ХьэрычэтыщIэ Сэралъп Альбертрэ модельер-ди­зайнер цIэрыIуэ Мадинэрэ ­яп­хъухэу Лалинэрэ Ликэрэ я анэм и лъагъуэм ирикIуэжащ. Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ ин щы­-хуащI унагъуэм къихъуа зэ­шыпхъухэр зыщIапIыкIа дэр­бзэр IэщIагъэм зэфIэкI­хэр къызэрыща-гъэлъагъуэр гуапэщ.

 

«Си лъахэ - си уэрэд»

А фIэщыгъэм щIэту КъБР-м и цIыхубэ артист, IуэрыIуатэдж, щIэныгъэлI КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу пасэрей уэрэ­дыжь­хэм я япэ ныбжьыщIэ фес­тиваль мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ.

 

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым и пэIущIэ пэшым Зырамыку и гъащIэм­рэ лэжьыгъэхэмрэ ятеухуа су­рэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэ­щIэгъуэн щегъэувэкIат.

Метр щэщIрэ тхурэ и лъагагъыу яIэт

Илъэс 30-м щIигъуащ Урысей Федерацэм плъыфищу зэхэт и къэрал ныпыр къызэращтэрэ. Хабзэ дахэ хъуауэ, шы­щхьэуIум и 22-м абы и махуэр ягъэлъапIэ. Ды­гъуасэ Налшык къалэми къэрал ныпым гулъытэ ин щигъуэтащ. Зэгуры­Iуэныгъэм и утыкум абы и щIыхькIэ гимнхэр къеуэу метр 35-кIэ щаIэтащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэр.

 

Лъэмыжыр и кIэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Шэджэмыпсым лъэмыжыщIэ телъхьэныр здынэсар зригъэлъэгъуащ икIи жиIащ цIыхухэр гугъу емыхьын щхьэкIэ, лэжьыгъэр щаухын хуей пIалъэм мазэкIэ ипэ къихуэу зэрызэфIагъэкIынур.

 

Зэхыхьэ иным зыхуагъэхьэзыр

ШыщхьэуIум и 25-27 махуэхэм Налшык щекIуэкIынущ «Кавказ Мьюзик Фест» макъамэ фести­валь ин. Абы ехьэлIа Iуэху­хэмрэ упщIэхэмрэ хухэхауэ «Синдика» хьэ­щIэщым и зэIущIапIэм щызэхэтащ пресс-конференцэ.

 

Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

 

Журналистым и псалъэр дыщэ пэлъытэщ

Железноводск курорт-къалэм гъубжым щекIуэкIащ «Инфорум» журналистхэм я егъэджэныгъэ форум. Ставрополь крайм и Правительствэмрэ Урысей и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэIущIэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ хэтащ медиаэкспертхэр, политологхэр, къэрал унафэщIхэр.

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 20I9 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ а станицэм щыкIуам яубзыхуащ ар.

Ныбжьэгъу пэж

Илъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Ма­рыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу ­къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр.

 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке