Статьи на кабардинском языке

ЖЫГ ХАДЭЩIЭ КЪЫЗЭIУАХ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым иджыб­лагъэ цIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъун жыг хадэщIэ къыщызэIуахащ. Абы теухуа зэIущIэм ирырагъэхьэлIащ ­УФ-м и Президентым Донбас­сыр хъумэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхар зэрыдаIыгъымкIэ пэкIур.

Афыпс – Афы - Афыпсыпэ

Афыпс – Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж.

Налшык къалащхьэу щыIэм я нэхъ дахэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гугъу щыпщIкIэ, занщIэу уи нэгу къыщIэувэр абы и къалащхьэ Налшыкщ. ТхыдэкIэ бейуэ, теплъэкIэ дахэу, псэукIэкIэ хуэщIауэ, IуэхущIапIэкIэ къулейуэ, и цIыхухэмкIэ пашэу къэгъуэгурыкIуэ къалэм и ныбжьыр илъэс 300-м нэблэгъащ.

Насыпым и къалэ

ФокIадэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэшхуэ куэд щагъэлъапIэ хабзэщ. Абыхэм ящыщ зыщ Налшык и махуэри. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа, щIыхьрэ пщIэрэ зыхуащI, зыми емыщхь теплъэ дахэ зиIэ ди Налшык 1921 гъэм фокIадэм и 1-м хъуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и къалащхьэ.

ЦIыхубэм я арэзыныгъэр республикэм и фащэщ

Иджыпсту дызэрыт илъэсыр тхыдэм къыхэнэнущ, ныбжьэгъугъэкIэ къыдгуэмыхьэ къэралхэм дызыхагъэт дэкъузэныгъэхэмкIэ. Абы гугъуехь зыкъом къыпэкIуэнущ мы гъэмрэ илъэс гъунэгъухэмрэ. Ауэ санкцэхэм хэщIыныгъэншэу къапекIуэкIыным егупсысащ ди унафэщIхэр икIи Iуэху нэхъыщхьэхэр ягъэбелджылащ.

Мамырыгъэ фиIэну!

Пензэ областым къикIа Радаевэ Ольгэ «Новое время» газетым и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту абы игъэхьэзыра «шэрхъ репортажри» зытеухуар Гуэл щхъуантIэхэрщ.

 

- Мы гуэлым зыщыбгъэпскI хъуну? - щIоупщIэ си гъусэхэм я зыр.

Ныбжь зиIэ бзылъхугъэм и щхьэр егъэкIэрахъуэ:

- АIэ-аIэ! Сыт жыфIэр зищIысыр? Ди гуэлхэм зыщагъэпскIыркъым!

Дыдейхэр нэхъыфIщ

«Россия 1» телеканалымкIэ къыщыпсалъэм УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей жиIащ ди къэралыр дунейм «пэIэщIэ» ищIыну КъухьэпIэм иIа мурадыр ауэ жыжьэуи къызэремыхъулIар. Абы щыхьэт тохъуэ ди зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексыр, нэхъапэми хуэдэу, шэщIауэ зэрылажьэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, мыгувэу ди дзэм къыIэрыхьэнущ «Циркон» ракетэ лIэужьыгъуэщIэр.

Хэт зи зэраныр?

Гъэсыныпхъэхэм я уасэхэр зэпымыууэ дэуей-къеухыу йокIуэкI. ИкIи ахэр я нэхъыбэм зэлъытар политикэрщ. Ауэ къохъу дуней къэхъукъащIэхэри Iуэхум къыщыхэIэбэ.

 

«Бжьыхьэ-2022»

Налшык дэт Лъэпкъ музейм а фIэщыгъэм щIэту мы махуэхэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ. Абы ди щIыналъэм, абы и тхыдэм, щIыуэпсым, цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр щыкуэдт.

 

Я къару псори ирахьэлIэнущ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­хьэщIащ Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом щытекIуа, Европэм плIэнейрэ и чемпион Власов Роман. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIэ дригъэкIуэкIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке