Статьи на кабардинском языке

КЪЭРАЛЫГЪУЭМ И КЪЕЖЬАПIЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэгъэпсым Къэралыгъуэм и махуэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар ягъэлъэпIэн щIадзащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м, ­РСФСР-м и ВЦИК-м и унафэкIэ Къэбэрдей округыр Бгырыс АССР-м къыхагъэкIыжу Къэбэрдей автоном область къыщызэрагъэпэщам щегъэжьауэ. Иужь­кIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хуэкIуэжащ.

ХАДЭХЭКIЫМ ЙОЛЭЖЬ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм и консерв предприятэхэр (ахэр 9 мэхъури, 6-м нащэр, 3-м помидорыр ирашалIэ) я гуащIэгъуэу хадэхэкIхэм йолэжь.
Мы зэманым нащэ фIэIуу банкI мелуан 50, томат пIастэу банкI мелуан 20, помидор фIэIуу мелуани 10 къыщIагъэкIыну хунэсащ.

МАЗЭ НЫКЪУЭУ УАФЭМ ЛЪЭIЭС

Куэд итхьэкъуауэ зызыщамыгъэнщI ухуэныгъэхэм ящыщщ   мазэ ныкъуэ теплъэ иIэу Дубай   щащIа унэ телъыджэр. Уафэм щIэуэу къыпщыхъу мазэ ныкъуэм и теплъэр гъэщIэгъуэнщ.  
2014 гъэм Хьэрып къэралыгъуэм ухуэныгъэхэм я проектхэм я зэпеуэм «мазэ ныкъуэр» щытекIуат. ЯпэщIыкIэ ар «Заабиль» жыг хадэм и эмблемэ ящIыну я мурадащ. 

ГЪУДЖЭХЭР

Пасэрейхэм я псэуалъэхэр щаухуэрт тенджызхэм, гуэлхэм, псы ежэххэм пэгъунэгъуу. Арати, псыр цIыхухэм яхуэхъуащ япэ «гъуджэ». Пасэрей цIыхухэм я теплъэр тралъагъуэрт псы щIыфэм. Абы къыхэкIыу, псым удыгъэ гуэрхэр хэту, щэху куэд игъэпщкIуу къалъытэрт. Пасэрей цIыхухэр щыпсэуа бгъуэнщIагъхэм кумб цIыкIухэр зиIэ мывэ мыинхэр къыщагъуэтыжащ.

БЖЬЫХЬЭР КЪЫЩЫДЖЭКIЭ…

Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми жьыбгъэр къудамэ шэщIахэмкIэ ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. 

НЭПС

ПщIэжрэ щIымахуэр? ЩIымахуэ нэкIу тхъуэплъыр, укIытэхыр… Ди зэхуэзэр…

ФРАНК - ХУИТ

Ахъшэхэм я нэхъыбапIэм фIащыжащ къыщыщIагъэкIа щIыпIэм и цIэр. XIV-нэ лIэщIыгъум къэунэхуа франкым и цIэр Франджым и пащтыхьыр гъэрыпIэм къызэрырашыжам къытехъукIащ. 1356 гъэм Пуатье деж щекIуэкIа зэхэуэм гъэру яубыдауэ щыта франджы пащтыхь Иоанн II-р инджылыз гъэрыпIэм къызэрырашыжам и щIыхькIэ I360 гъэм къыщIэгъэкIын щIадзащ а дыщэ ахъшэр. «Франк» жиIэмэ «хуит» жиIэу къокI.

«ВАГЪУЭ ЦIЫКIУМ» МОСКВА ЗЫКЪЫЩЕГЪЭЛЪАГЪУЭ

Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ) жыджэру хэтащ шыщхьэуIум и 24 – 30-хэм Москва къалэм щекIуэкIа фестивалымрэ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу ягъэзащIэ «Си Хэку – си Москва» программэмрэ. 

ДЫЗЫЩЫПСЭУ ЩIЫР БЖЫГЪЭХЭМКIЭ

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ ипэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхум и гъащIэм къыщыхъу къызэрыгуэкI Iуэхухэм пыщIащи, гу лъитэркъым къэзыхъуреихь дунейм къыщыхъу телъыджэхэм, хищIыкIыркъым абы епха щIэныгъэ гъэщIэгъуэным. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ.

НЭМ ФIЭБЭР IЭБЭМ ЕУХ

АККИЗОВЭ Имарэ, сурэтыщI:
ГъащIэм къысхухихащ

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке