Статьи на кабардинском языке

ДИ ГУЭЛХЭР Я НЭIЭМ ЩIЭТЩ

Еплъи, гуэл къызэрыгуэкI цIыкIущ (метри I00 къудейщ и бгъуагъыр зэрыхъур), кIэлъыплъыжи, щIы щIагъкIэ псы къызыхэлъадэ гуэлу дуней псом тетым я нэхъ куу дыдэщ. КъищынэмыщIауэ, абы куэду хэт сероводород химическэ пкъыгъуэм и мэ гурымыхьыр къыхех. Абыи емылъытауэ, а щIыпIэм щыпсэухэм я кIуапIэщ, я зыгъэпсэхупIэщ. ГъэщIэгъуэнщ гуэлым теухуауэ къекIуэкI IуэрыIуатэхэри.

ЦIЫХУ ГЪЭЩIЭГЪУЭНХЭР

«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм зы махуэ гуэрым къыщIохьэ илъэс ныкъуэ ипэкIэ зи гугъу ныфхуэтщIа, мы лъэхъэнэм ныбжь иIэу тIысыжами, Къэбэрдей-Балъкъэрми, зэрыщыту къатщтэмэ, Урысей Федерацэми гырэ къэIэтынымкIэ спортсмен лъэрызехьэу илъэс куэдкIэ къыщекIуэкIа, спортым лъэпкъ лIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер Гъуэтыж БетIал. 

КЪУЛЕИГЪЭ ИН ДЫДЭ

Мэзым и махуэр адрей къэралхэм щагъэлъапIэр гъатхэпэм и 21-р арами, Урысейм ар зытехуэр фокIадэм и 15-м къыщегъэжьауэ и 17-ри хыхьэущ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: Совет Союзым 1977 гъэм и фокIадэм къару щигъуэтат мэз законодательствэу мы IэнатIэм егъэщIылIам. 

ДИГОР ЖЬАНЭ

Узыхуейр умыщIэжу щхьэукъуэрилэ ухъуарэ дунейм утезашэу щIэбдзамэ, уи псэм и хущхъуэгъуэри, зыхуэчэму къилъыхъуэри щIэщыгъуагъэкIэ гъэнщIа, зыхимыщIыкIыу щытам лъэзыгъэIэс гъуэгуанэ телъыджэрщ, укъыщыщIидз щIыпIэхэм къыщыунэху теплъэгъуэхэмрэ нэгузыужьыкIэу къыщыпхулъыкъуэкIхэмрэ гу зэIухакIэ уазэрыпэджэжырщ.

ЛЪЭПКЪ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ И НЭЩЭНЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ЩIыналъэм хыхьэ щIыпIэ псоми зэдэууэ щаIэтащ а гуфIэгъуэр, ди цIыхухэр зэрызэкъуэтыр, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ и телъхьэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу.

КЪУЭШИ ХЬЭЖЫ IЭСХЬЭД ЕФЭНДЫ

Мударей (Тырку, Узун-Яйла) дэса еджагъэшхуэхэм язщ Мысырым дин щIэныгъэ щызригъэгъуэтауэ илъэс тIощIрэ тхукIэ къуажэм къалэн щызыгъэзэщIа Къуэши Iэсхьэд ефэндыр (1883 - 1944). Абы теухуа хъыбарыр и пхъурылъху Дыджэш Уэзкъан жедгъэIэжащ.

ЛIЫГЪЭРЭ ХАБЗЭРЭ ХЭЛЪУ

Адыгэм лей къылъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыфынут. Ар зэи тхьэусыхакIуэ кIуэнутэкъым, «лей къызихащи, унафэ хуэфщI, суд фщIэ» жиIэу. АтIэ, и псэр пытмэ, къращIар ирищIэжынут. КъауIар лъэрымыхь хъуарэ езым хузэфIэмыкIынуми, лъэпкъым цIыхухъу исмэ, абы лейр игъэгъунутэкъым. Арат судри унафэри. 

УАХЭМ КЪЫЩАЛЪЭГЪУАЩ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм. 

ОЛИМП ЧЕМПИОНХЭМ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и илъэси 100 махуэшхуэм ирихьэлIэу екIуэкI Iуэхухэм хэтыну щIыналъэм хьэщIэ куэд къыхуоблагъэ.

ФОКIАДЭ ЗЭIУЩIЭХЭР КЪЫЗЭIУАХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIубгъуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке