Статьи на кабардинском языке

ТIЫБГЭ И IЭШЭЛЪАШЭМ

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ Iуащхьэр Адыгэ Республикэм и бгыщхьэхэмкIэ щыIэщ. Метр 3064-рэ и лъагагъщ. Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм хохьэ. Нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ къыщыхэхуэж МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIур къыщежьэхэмкIэ щыIэщ. ТIыбгэ и бгъуапIэу и нэхъ IуплъапIэр Мейкъуапэ удэту уолъагъу.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я НЭГУ ЗРАГЪЭУЖЬ

КъБР-м Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щIышылэм и 22-м концерт щатащ сабий творческэ гупхэм, уэрэджыIакIуэ-къэфакIуэхэм, «Креатив-каникулы. Зимний сезон» IуэхущIапIэм и музыкант ныбжьыщIэхэм. Мы Iуэхур и жэрдэмщ режиссёр Гумэ Маринэ, сыт щыгъуи а зэхыхьэр ядэзыIыгъ «Горянка» газетыр и дэIэпыкъуэгъуу.

ЗЭХЫХЬЭ ГУАПЭ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

ПСЫ ПЩТЫР КЪЫЩIЭКIЫПIЭХЭМ Я ЩIЫНАЛЪЭ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ - Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ мы тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр.

ЩIЭУПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ МУЗЕЙХЭР

Дуней псом щIэупщIэ нэхъ ин щызиIэу къалъытэ художественнэ музейхэм ящыщщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Великобританием, Франджым, Урысейм, Австралием, Испанием щыIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я музейхэм илъэсым цIыху мелуан 12-м нэблагъэм зыщаплъыхь. Урысейм и апхуэдэ бжыгъэр мелуани 10-м нызэрохьэс.

ДЯПЭКIИ НЭХЪЫБЭЖУ ЯГЪЭГУШХУЭНУЩ

УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэнэхуащ. А жэрдэмым ипкъ иткIэ зэрыкъэралу егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIынущ, а IэнатIэм пэрытхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ я лэжьыгъэм халъхьэ щIэщыгъуэхэр, щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ къагъэсэбэп гъэщIэгъуэнхэр утыку къихьэным хуэунэтIауэ.

КЪАФЭМРЭ УЭРЭДЫМРЭ ЗИ IЭПЭГЪУ

ХьэIупэ ДжэбрэIил хуэдэ адэшхуэ зиIэ къуэрылъхум лъэпкъ макъамэмрэ къафэмрэ фIыуэ имылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым.

ГУЭЛ ГЪУЩЭМ И ЩЭХУР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къулейщ щIыпIэ дахэхэмрэ телъыджэхэмкIэ. Абыхэм ящыщщ гуэл ЩхъуантIэ цIэрыIуэхэр. Ахэр тхууэ зэхэтщ, щхьэж езым и теплъэрэ и зэхэлъыкIэрэ иIэжу: Ищхъэрэ гуэл, Ипщэ гуэлитI, гуэл Гъущэ, гуэл Щэху жиIэу.

МАРИОНЕТКЭХЭМ Я МУЗЕЙ

Марионеткэхэм (пасэрей гуащэхэм) я музей Лиссабон дэтым щызэхуэхьэсащ дуней псом щылажьэ Гуащэ театрхэм щахъумэхэм ящыщхэр. Нэхъыбэу абы щыболъагъу Португалием и спектаклхэмрэ оперэхэмрэ къыхэщ лIыхъужьхэм къытращIыкIа марионеткэхэр. Абы щIагъужащ къэрал куэдым къраша гуащэ зэмылIэужьыгъуэхэр. КъищынэмыщIауэ, театр, ажэгъафэ маскэхэр.

АБЫКЪУЭ ЗАУР И ФIЫГЪЭКIЭ

Гъуэгум щыплъырхэм къулыкъур зэрырахьэкIыр къипщытэн мурадкIэ, КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым щыIэу, щIыналъэ МВД-м и ДПС-м шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэм и I-нэ ротэм и 2-нэ взводым и командир, полицэм и капитан Абыкъуэ Заур гу лъитащ гъуэгум къыщыувыIа, зыгуэр къызэрыхъуам и щыхьэту зи уэздыгъэхэр къэзыгъэблэ автобусым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке