Статьи на кабардинском языке

САБИЙХЭМ Я НЭКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым наIуэ щыхъуащ художественнэ творчествэмкIэ зэпеуэм, «Участковэр - сабийхэм я нэкIэ» зыфIащам, и пэщIэдзэ Iыхьэм щытекIуахэр.

 Зэхьэзэхуэм и комиссэм къагъэхьат республикэм и районхэм щыщ сабийхэм я лэжьыгъэу 30-м нэблагъэ.

ХАБЗЭХЪУМЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

Iэпщэрыбанэ

АДЫГЭХЭМРЭ АБАЗЭХЭМРЭ Я IЭРЫКIХЭР

Кисловодск къалэм и Нарзан галереем щагъэлъагъуэ адыгэ, абазэ сурэтыщIхэм IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Природа в зеркале культуры» проектым хыхьэу.

КЪУЭШЫКХЪИ УЩРОХЬЭЛIЭ

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск къалэ цIыкIум, ПсыфIыпэкIэ зэджэу щытам, къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ Iуащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы псыIум къедза Iэхэлъахэм ижькIэрэ исыгъа адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ.

ЩIЫНАЛЪЭМ И ЗЭIУЗЭПЭЩЫМ И ХЭКIЫПIЭХЭР

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэ­ныгъэхэмрэ псэупIэ коммуналь­нэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащ­хьэм и администрацэм и Уна­фэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ ­Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я уна­фэщIхэр. 

БЛЭКIАР ТЩЫГЪУПЩЭ ХЪУНУКЪЫМ

ЩIышылэм и 20-м Кэнжэ къуажэм щагъэлъэгъуащ «Рос­сия I» телеканалым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къэзанш Людмилэ и жэрдэмкIэ 2021 гъэм траха «Шоколадымрэ фашизмэмрэ» («Про шоколад и обыкновенный фашизм») документальнэ фильмыр. 

УНАГЪУЭХЭМ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. «Правительствэм хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Украинэм зи ­къалэнхэр щызыгъэзащIэхэм я унагъуэхэм зэрадэIэпыкъу Iэмалхэм.

СОФИЯТ АДЫГЭБЗЭР АММАН ЩРЕГЪЭДЖ

«Россия-1» урысейпсо телерадиоком­панием и щIыналъэ къудамэм и журналист Вэрокъуэ Софият Амман, пащтыхьыкъуэ  Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ школым, ирагъэблэгъауэ адыгэбзэр щрегъэдж.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

Кэнжэ къуажэм щекIуэкIащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я етIуанэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Тренеру илъэс куэдкIэ лэжьа Майсурадзе Альберт и фэеплъу ар къызэрагъэпэщат.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке