Статьи на кабардинском языке

ХЭКУМ ПАПЩIЭ ЗИ ПСЭР ЗЫТАХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэ­кIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуа­щIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.

КОЛИЗЕЙ

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

БЗЫЛЪХУГЪЭХЭРИ ХЭТАЩ А ЗАУЭМ!

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту.

ВАГЪУЭМИ ЩIЭНЫГЪЭ ГЪУЭГУМИ Я ЦIЭХЭР Я ГЪУАЗЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ «Сириус» егъэджэныгъэ центрым къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ я зэIущIэ иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщызыужьын хуей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я къызэгъэпэщыкIэ хъунум, лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуат зэхуэсым къыщаIэта псалъэмакъыр.

ХЪУЭПСЫ - КХЪУЭПСЫ - ХЪУЭБЗЫ - ХОБЗА

Мы цIэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжыр Сочэ къалэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ пыIухащ. Абдежым щыIэ зыгъэпсэхупIэми апхуэдэущ зэреджэр.

Километр 14 зи кIыхьагъ псым фIащам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ.

КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ КЪЫЩЫХЭЖАНЫКIАХЭР ЕКАТЕРИНБУРГ МАКIУЭ

Ставрополь къалэм ще­кIуэ­кIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат зи ныбжьыр илъэс ­23-рэ иримыкъуа щIалэрэ хъы­­джэбзу 240-м щIигъу.

ЛЪЭХЪЭНЭ ГУАЩIЭМ ИЖЬ ЗЫЩIИХУА

Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэу ПсебайкIэ зэджэр Краснодар крайм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Мостовской районым итщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.

ШУ ЛЪАГЪУЭРИ ГЪУЩI ГЪУЭГУРИ

УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.

МАЗАЕМ И 23-Р ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭХЭМ Я МАХУЭЩ

«Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр» илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс еплIанэ щрикъум ирихьэлIэу.

ЗэгурыIуэныгъэм, гуапагъэм, хабзэхэм яхуэгъэзауэ

КъБР-м и Правительст­-вэм къыщызэщIакъуэжащ республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм 2022 гъэм зэфIигъэкIар. Абы хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хъубий Марат, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, министерствэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке