|
Статьи на кабардинском языке
20 апреля, 2023 - 05:46
Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ мэлыжьыхьым и 18-м.
20 апреля, 2023 - 05:45
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ къэралым и политикэ партхэм КъБР-м и Парламентым щаIэ фракцэхэм я пашэхэм.
19 апреля, 2023 - 13:33
Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Креативные каникулы» зэхыхьэ дахэр.
19 апреля, 2023 - 06:03
«Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм семинар-зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэу ирагъэкIыныр къызэпыудыным, балигъ мыхъуахэр а Iуэху мыщхьэпэм щыхашэ къэмыгъэхъуным.
19 апреля, 2023 - 06:03
Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэщ климат зэгъ, щIыпIэм и лъагагъыр ямылейкъым. Удэзыхьэх, гукъинэ пщыхъу теплъэ гъуэзэджэхэр иIэщ.
Чегет бгым удэзыш кIапсэ гъуэгур совет лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ апхуэдизу зэпэщу зэтрагъэпсыхьащи, Сонэм (Сватением) уризэпрыкIыу абдежым щиIа лъагъуэм нэс удишырт, мы зэманым ар къамыгъэсэбэпыжми.
19 апреля, 2023 - 06:03
Налшык къалэ дэт «Антарес» егъэджэныгъэ центрым естественнэ-щIэныгъэ унэтIыныгъэ зиIэ дерсхэмкIэ зи зэфIэкIыр хэзыгъахъуэ, зи есэныгъэхэр зыгъэкуу ныбжьыщIэхэм папщIэ зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.
18 апреля, 2023 - 06:03
Тэтэрстан Республикэм и щыхьэр Къэзан къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ «Ак Барс и Кубок» дунейпсо зэхьэзэхуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ мыбы спортсмен 31-рэ хэтащ. Зэпеуэм цIыху минитIым щIигъу зэхуишэсащ, Урысейм и щIыналъэ 49-м нэмыщI, Азербайджаным, Таджикистаным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Ираным, Белоруссием къикIахэу. Зэхьэзэхуахэр илъэс 12 - 17 ныбжьым ит хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэщ.
18 апреля, 2023 - 06:03
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ «Адыгэ дуней» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ хэтахэмрэ.
18 апреля, 2023 - 06:03
Мэлыжьыхьым и 18-м «Динамо» урысей-псо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ. «Динамо»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым къызэрыджиIамкIэ, Урысейм абы егъэщIылIауэ щекIуэкIыну спорт зэхьэзэхуэ 13-м хэтынущ ди лIыкIуэхэр.
17 апреля, 2023 - 05:29
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур хэтащ СНГ-м щыщ къэралхэм я парламентхэр зыхэт ассамблеем (МПА) политикэ Iуэхухэмрэ дунейпсо зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэпымыууэ щыIэ и комиссэм и зэIущIэм.
Страницы
|