Статьи на кабардинском языке

КЪЭРАЛ ГУЛЪЫТЭ ИРАГЪЭГЪУЭТ

Урысей Федерацэм и Правительствэм унагъуэ щхьэхуэхэм, социальнэ льготэ зиIэхэм худэчых хэту газыр я унэм яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм адэкIи къыпещэ. А Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ къэрал бюджетым ипэIуэкIэ щыхухаха ахъшэм иджыри сом мелард къыдыщIагъужынущ. Апхуэдэ унафэ иджыблагъэ къыдигъэкIащ УФ-м и Правительствэм.

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм маркетингымрэ къэрал щIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ и Департаментым и унафэщI Богацкая Севиль.

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжа, ­Кулиев Къайсын и цIэр зе­зыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэр къызэрызэIуахыжым иращIэкIа зэхыхьэм.

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Ростов областым, Дагъыстэным, Кърымым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр. 

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэмэд псэужамэ, гъатхэпэм и 28-м и ныбжьыр илъэс 70 ирикъунут. 

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Иджыблагъэ апхуэдэ хъыбар къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. 

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. Ахэр хэтащ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ а къалэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм.

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ хуабжьу зэщхьэщокI. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэш негроид, монголоид, европеоид расэхэмкIэ.

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I707 гъэм и гъатхэкум Кърым хъаныгъуэр къыхуагъэфащэу тахътэр зэриубыду, къэбэрдейхэм закъыпэщIисащ. 

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи щIалэгъуэ спортсмен нэхъ лъэщхэм ящыщу 700-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке