ЯПЭУ КЪЕЖЬА IЭЩЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

Нартыр гъуэгу техьэн, зекIуэ ежьэн и пэ Iэщэ-фащэкIэ зызэщIеузадэ - зекIуэ ежьа нартым нэхъыбэрэ дэплъагъур шабзэрэ джатэрэщ; бжы е бжыщхьэ дыкъуакъуи зэрехьэ нартым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ шабзэри, джатэри, бжыри япэ дыдэ къежьа Iэщэхэм зэращыщым. Джатэ ящI щыхъуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъущIыр дунейм къытехьа нэужьщ, абы и пэ ящIащ шабзэмрэ бжымрэ, ауэ а тIури Iэщэ шынагъуэ щыхъуар гъущIыр къежьа нэужьщ: щIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIокIыж шабзэшэмрэ бжымрэ палъхьэу щыта гъущI папцIэхэр.
Джатэм и гугъу умыщIыххэми, нартхэм я лъэхъэнэ лъандэрэ адыгэхэм зэрахьа шабзэмрэ бжымрэ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм къэсащ: шабзэрэ бжыкIэ зэщIэузэдауэ Кавказ зауэм хэтащ адыгэ шухэр. Хъан-Джэрии нэгъуэщI щыгъуазэхэми зэратхыжамкIэ, адыгэ зауэлIым зэрихьэ шабзэр Iэщэ шынагъуэт, ар фочым нэхърэ зэрынэхъ тIасхъэ щыIэтэкъым, фочышэр здынэсым шабзэшэри нэсырт, ар зыщIхэм (шабзащIэхэм) я IэщIагъэм пщIэшхуэ иIэт, адыгэ шабзэхэр куэдыкIейуэ ящэхурт нэгъуэщI лъэпкъхэм (Хъан-Джэрий щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кърым хъанхэм я дзэр зэрызэщIэузэдар адыгэхэм я деж къыщащэхуа шабзэт).
Нарт хъыбархэм зэзэмызэщ къамэрэ сэшхуэрэ къыщыхэхуэр. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: къамэри сэшхуэри къыщежьар иужькIэщ - курыт лIэщIыгъуэхэрщ. Джатэм нэхърэ зэрынэхъ Iэрыхуэм гу лъата нэужь, адыгэхэм ящI хъуащ зи цIэр жыжьэ дыдэ Iуа сэшхуэр: адыгэ сэшхуэкIэ заузэдауэ щытащ, псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым и шуудзэм, езы «сэшхуэ» псалъэри урысыбзэм хыхьащ - аращ урысхэм я «шашкэр» къызытекIар.
«Лэныстэ» псалъэм иджырей адыгэбзэм щиIэ мыхьэнэр зэрабз Iэмэпсымэщ. Ауэ къызыхэкIа латиныбзэм абы щиIар нэгъуэщI мыхьэнэщ: пасэрей латинхэр лэныстэкIэ зэджэу щытар Iэщэ лIэужьыгъуэщ - дротикщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэми апхуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэ зэрызэрахьам: дротик зыбжанэ я бгым ищIауэ шэс я хабзащ пасэрейхэм, бийм ираутIыпщурэ иризауэу.
Пасэрейхэм, псалъэм папщIэ, алыджхэм, Iэщэ гуэр яIащ баллистэкIэ еджэу: абыкIэ мывэ ядзурэ къалэ блыныр якъутэрт. Пасэрей адыгэхэми апхуэдэ Iэщэ гуэр зэраIам щыхьэт тохъуэ нарт эпосыр: Гъуд къалэ къыщащтэм, нартхэм Батрэз къалэм дадзэ…
Нарт эпосым апхуэдэ хъыбар къыщIыщызэтенар, дауи, щхьэусыгъуэншэкъым: баллистэ (къалэ зэракъутэ) Iэщэ пасэрей адыгэхэм ямыIатэмэ, я IуэрыIуатэм абы и лъэужь къыщызэтенэнутэкъым.
Адыгэбзэм ихъумащ пасэрей Iэщэм (баллистэм) и цIэри – «мывэдз». «МывэдзкIэ» (баллистэкIэ) якъутэри, нартхэм Гъуд къалэ къащтащ (нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Гъуд къалэ мывэ сэреиблкIэ къэщIыхьауэ щытащ). Нарт эпосым къыхэнар а зы къалэм и цIэрами, пасэрей адыгэхэр, зекIуэ ежьэурэ, нэгъуэщI быдапIэхэми ебгъэрыкIуэу зэрыщытам тхыдэр щыхьэт тохъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто