Бгъэхэм я хэщIапIэ

«Къуршыбгъэ лIэужьыгъуэхэм я унапIэу щыт мэзхэр дывгъэхъумэ» фIэщыгъэм щIэту «ЦIыхур зылъэмыIэса щIыуэпс» (WWF) Урысей фондым нэгъабэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIих Iуэхум кърикIуэнум щIэныгъэлIхэр поплъэ.

Къалэну зыхуагъэувыжар Кавказ Ищхъэрэм и къурш мэзылъэхэр зи псэупIэ бгъэ лIэужьыгъуэу Тхылъ Плъыжьым ихуахэм я бжыгъэр нобэ здынэсыр къэхутэнырщ. КIуэ пэтми ахэр нэхъ мащIэ мэхъу. Абы имыгъэпIейтейуэ къанэркъым Урысейм и эколог­хэр. Жэрдэмыр купщIафIэу къилъытэри, а Iуэхур ядиIыгъащ Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэ Бгылъэ щIыпIэхэм я щIыуэпсымкIэ Урысейм и ЩIэныгъэ Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. Мэзкуу щыщхэри ди щIэныгъэлIхэри зэгъусэу Бахъсэн, Тэрч, Май щIыналъэхэм щахъумэ мэзхэм, Бахъсэн, Тэрч псыхэм я къыщIэжы­пIэхэм щыIащ. Экспедицэм хэтхэм а щIыпIэ­хэм къыщагъуэтащ бгъэ кIапэхум и абгъуэу плIы-тIум шырхэр ярысу. Апхуэдэу ахэр яIущIащ псыхэуэ фIыцIэм, къашыргъэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм я тIысыпIэу тху.
WWF-м и узэщIакIуэ нэхъыщхьэ Мнаце­канов Роман зэрытепсэлъыхьамкIэ, пхъэ щы­паупщI мэзхэр къулейсыз мэхъу, бгъэхэм тIысыпIэ ящI Iуащхьэхэр гъавэ щIапIэхэм хагъэхьэ. Абы къыхэкIыу абгъуэ зытет жыгхэр Iэмал имыIэу хъумэн хуейщ, бгъэхэм ящыщу къэнэжа мащIэр бэгъуэжын папщIэ. Шыр щырыщ нэхъыбэ къызыщIэхъуэ яхэткъым абыхэм. Ауэ щыхъукIэ, я псэупIэ щIыпIэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мащIэри зэуэ зыхащIэ. 
- Къэралым и унафэкIэ апхуэдэ щIыпIэхэр дяпэкIэ яхъумэнущ. Ахэр метр 500 хуэдизкIэ цIыхур здынэс мэзхэм пыIухауэ щытын хуейщ, езыхэми я шырхэми зыри зэран къахуэмы­хъун хуэдэу. Къэбэрдей-­Балъкъэрым япэу щаубла лэжьыгъэр щапхъэ нэс яхуэхъунущ мы Iуэхур чэзукIэ зылъысыну Осетие Ищхъэ-рэ - Аланием, Дагъыстэным, ­Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, - жиIащ WWF-м и Урысей мэз лэжьыгъэр Кавказ Ищхъэрэм къыщы­зэзыгъэпэщ Черкасовэ Еленэ.
Жанхъуэт  Зузэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ