ПСЫ КЪАБЗЭР БАХЪСЭН ЩIЫНАЛЪЭМ И ЖЫЛАГЪУЭ КУЭДЫМ ЯЛЪЭIЭСЫНУЩ

Урысейм и Правительствэм Бахъ­сэн Iуфэм Iус жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ сом мелардитIым щIигъу ­къиутIыпщынущ. Абы теухуа заяв-кэр махуитI япэкIэ Москва щыпхигъэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат жэпуэгъуэм и 21-м иригъэкIуэкIам, щыдаIыгъащ километр 77-рэ зи кIыхьагъ бжьамий псы жапIэ Бахъсэн районым щыухуэнымкIэ инфраструктурэ проект иныр икIи абы папщIэ федеральнэ бюджетым и ­бюджет кредиту сом мелард 2,1-рэ КъБР-м хухэхыныр. Мы проектыр 2022-2023 гъэхэм къриубыдэу ягъэ­зэщIэн хуейщ икIи абы псори зэхэту сом меларди 2,6-рэ текIуэдэнущ.

Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэм къыщыхигъэщхьэхукIащ мы инфраструктурэ проектыр гъэзэщIэным и фIыщIэкIэ зэуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхуитI зэрыдагъэкIынур. Япэр-Бахъ­сэн къалэм, Зеикъуэ, ХьэтIохъущы­къуей, Ислъэмей, Бахъсэненкэ, Псы­кIэху къуажэхэм дэсхэр зэфэн псы ­къабзэкIэ зэблэу къыхэмыкIыу къы­зэгъэпэщынырщ, яубрыуауэ щыта псы къыщIэшыпIэхэр зэрагъэбыдэжым и фIыщIэкIэ псым и уасэр гъэмщIэныр. Псым и лъэныкъуэкIэ зи Iуэхур ефIэ­кIуэнухэр цIыху мин 98-м ноблагъэ.
ЕтIуанэ- Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэн районымрэ псэупIэхэр ухуэным ехьэлIа инвестицэ проектыщIэр щы­гъэ­зэ­щIэ­ныр. А проектым ипкъ иткIэ мы муниципалитетхэм 2038 гъэм нэсыху псэу­пIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 260-м ­щIигъу щаухуэну я мурадщ. ЩIыналъэр тэмэму дэIэпы­къумэ, инвесто-рым езым и ахъшэу сом меларди 6,8-рэ къызэщIигъэуIуэну хьэзырщ. А ­псоми къадэкIуэу, проектыр зэрагъэ­зэщIэнум и фIыщIэкIэ республи­кэм и бюджет зэгуэтым къы­Iэрыхьэ налог ахъшэр нэхъыбэ хъунущ, апхуэдэу лэ­жьапIэ IэнатIэщIэу 240-рэ хуэдиз къы­зэIуахынущ.
Правительствэм и комиссэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкI заявкэр къыдиIыгъащ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кредиту сом мелар- ди 2,1-рэ хухах. Ахъшэр трагъэкIуэдэ- нущ Бахъсэн бжьамий псы жапIэ щIыным. А проектым и фIыщIэкIэ зэ­хуащIыжынущ электрокъарууэ куэд ­зы­гъэкуэщI псы къыщIэшыпIэхэр икIи, федеральнэ проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, а щIыналъэм щып­сэухэр псы къабзэкIэ къызэрагъэ­пэ­щы­нущ»,-жиIащ вице-премьер Хуснуллин Марат.
«НобэкIэ инфраструктурэ бюджет­ ­кредиту сом меларди 440-рэ зыхуэзэ щIыналъэ заявкэу 8-м дыхэплъащ икIи ахэр къэтщтащ. Зэман благъэм къриу­быдэу тегуэшэн дыухынущ кредитымкIэ ягъэува мардэр-сом мелард 50-р. Апхуэдэу щыщыткIэ, ди программэм ипкъ иткIэ къэралым и щIыналъэхэм 2023 гъэм фIэмыкIыу IэмалыщIэхэр ­ягъуэтынущ социально-экономикэ зыу­жьы­ныгъэм хуэунэтIа проектхэр гъэ­зэ­щIэнымкIэ IэмалыщIэхэр, - жиIащ зэIущIэм и кIэухым Хуснуллин Марат.
Иджыпсту щIэгъэхуэбжьауэ зэхалъ-хьэ Бахъсэн бжьамий псы жапIэм и ­проект-сметэ документхэр икIи ахэр илъэсым и кIэухым фIэмыкIыу пхагъэ­кIыну я мурадщ.
Ди республикэр инфраструктурэ ­кре­дитхэр къеIыхынымкIэ программэм хагъэхьащ щIыналъэм къэрал щIыхуэр нэ­рылъагъуу зэригъэмэщIам, коммерчес­кэ щIыхуэхэр зэрипшыныжам къы­хэкIыу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ