ЩIалэгъуалэр яущийуэ

Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рым Зауэм, лэжьыгъэм, Iэщэ­кIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я вете­­ран­хэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шы­хъуэбахъуэ Мухьэмэд.
- Мухьэмэд, Хэкум и ХъумакIуэм и махуэр къэралым хэIэтыкIауэ зэрыщыдгъэлъапIэм уэ дауэ уеплърэ?
- ИпэжыпIэкIи, мы махуэр ди къэралым гулъытэ хэха зыщыхуащIхэм ящыщщ. Ар ину, Iэтауэ щIэдгъэлъапIэм и щхьэусыгъуэр инэхъыбэм къыдгурыIуэу къыщIэкIынущ. Сыту жыпIэмэ, дапхуэдэу мыхъуами, къэралым мамыр щытыкIэр щытепщэу, жылагъуэм хуэщхьэпэн IэщIагъэхэм зыщаужьу, еджэхэм я щIэныгъэм нэхъри щыхагъахъуэу къекIуэкIын щхьэкIэ, а псоми къащхьэщыжыфын цIыхухэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, дахуэныкъуэщ. Зи гугъу тщIыр Хэкум и хъумакIуэхэращ. Ахэр димыIэмэ, псэуныгъэм щыщу къедбжэкIахэр зэпIэзэрыт щытыкIэм итынкIэ дыгугъэныр щхьэгъэпцIэжщ. Нэхъ тегъэчыныхьауэ жытIэмэ, къэралыр зыхъумэхэр димыIатэмэ, адрей IэщIагъэхэми, IуэхущIафэу къетхьэжьэхэми заузэщIынутэкъым.
- Фи лэжьыгъэм и ухуэкIэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт, Мухьэмэд.
- Урысейпсо мыхьэнэ зиIэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр IэнатIэм республикэм и район, къалэ псоми къудамэхэр щыдиIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми, здэщыIэ щIыпIэм елъытауэ, я къалэнщ уставым итыр ди гъуазэу зэхэдгъэува планым тетыныр. Комиссэхэр диIэщи, хэтхэм я пщэрылъщ ветеранхэм ящыщу зи Iуэху дахэ-дахэу зэкIэлъымыкIуэхэм е зи узыншагъэм тегузэвыхьхэм яIущIэныр, хуей хъумэ, ядэIэпыкъуныр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм нэхъри дыхуэныкъуэ щIэхъуам и зы щхьэусыгъуэщ дзэм хэтахэм щеIэзэ сымаджэщ республикэм зэрыщыдимыIэр. Пэжщ, ди гуапэ зэры­хъунщи, граждан поликлиникэхэми ди цIыхухэм къащоIэзэ. Ауэ, итIани, ветеранхэм ящыщ гуэрым и узыншагъэр къэтIэсхъамэ, псынщIэу къыддэIэпыкъун, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутырхэми дахуейщ.
- Ветеранхэм защIэгъэ­къуэныр фи пщэ дэфлъ­хьэжа, хьэмэрэ къэралым къыфхуигъэува къалэнхэм ящыщ?
- Уставым къызэры­щы­кIуэщ. Абы итщ: «социаль­нэ и лъэныкъуэкIэ хуитыныгъэхэр къахузэгъэ­пэщын» жеIэри. Дэри дызытетыр аращ. Арыншауи хъунукъым. Плъагъурэ ар - ветеранхэм за­щIэ­гъэкъуэ­нымкIэ жылагъуэ къы­зэ­гъэ­пэщы­ны­гъэу щы­Iэр дэ зыращ. Республикэм и районхэм, къалэ цIыкIу-хэм щыдиIэ къудамэхэм хэт­хэм я нэхъыбэр, цIыхухэм ядэIэпыкъуну ­хуейуэ, езыхэм я жэрдэмкIэ, я ­фIэ­фIыныгъэкIэ къыд­дэ­-ла­жьэу аращ. Уеб­лэмэ, ап­хуэдэхэращ ди зэ­гу­хьэ­ныгъэр нэхъыбэу зэте­зы­Iыгъэри. ЖыпIэнур арамэ, ахэр къыддэIэпыкъу ­къу­­дейкъым - дэ псори дызэгъусэу ди къалэнхэр зэ­дэдгъэзащIэу аращ.
- Мухьэмэд, зэрытщIэщи, жылагъуэм дежкIэ къа­лэнхэм я нэхъ пажэщ щIалэ­гъуалэм, щIэблэщIэ къыт­щIэ­хъуэм гъэсэныгъэ тэ­мэм ябгъэ­дэлъ­хьэныр. Абы и лъэны­къуэкIэ сытхэр фи ехъу- л­Iэныгъэ?
- Курыт еджапIэхэм, кадет школхэм щIэсхэм ветеранхэр яхудогъазэ. Хьэ­щIэхэр ныбжьыщIэхэм яху­топсэ­лъыхь дзэм щыхэтам щы­гъуэ щалъэгъуахэм, щы­­зыхащIахэм, щхьэж и къулы­къур зэрырихьэкIа щIыкIэм. Гъэсэныгъэ мы­хьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэм ­къадэкIуэу, ущие гуэрхэми щIагъэдэIу. Псалъэм пап­щIэ, дзэм ущыхэтым ­мып­хуэдэ хьэл-щэнхэр къы­щыбгъэлъагъуэ хъунукъым, мыпхуэдэу ущыт­мэ, губгъэн къыпхуа­мыщIу, ­къулыкъури тэмэму щепхьэкIынущ, жаIэу.
- Дэ зэрызэхэтхамкIэ, «Юнармия» зыфIаща ­дзэ-псэкупсэ зэщIэхъееныгъэм хэтхэми фадолажьэ. А лъэныкъуэмкIэ фи Iуэху зыIутым укъыт­ху­­тепсэлъы­хьамэ, ди гуа­пэт.
- Зи гугъу пщIы гупхэм ­хуэ­дэхэр ди зы дэтхэнэ курыт еджапIэми яIэщи, абы хагъэхьэхэр нэхъ зы­хуэфащэу къалъытэхэращ. Жы­­пIэнурамэ, ахэр ди тегъэщIапIэу, курыт еджапIэхэм дзэ-псэкупсэ клубхэр къыщызэдгъэпэщащ. Мис абыхэм хэтхэм ди ветеранхэр яIудогъащIэри, «ЛIыхъужьыгъэм и дерс­хэр», «Лъэхъэнищым я ветеранхэр» зыфIэтща зэIущIэхэр ядыдогъэкIуэкI.
- Ветеранхэр «лъэхъэнищу» щIэвгуэшам и гугъу къытхуэщIыт, Мухьэмэд.
- Апхуэдэу щIэтщIар зи гугъу тщIыхэр къызыхэкIа лъэхъэнэхэр зэрызэхуэмы­дэрщ. Къэралыр илъэс 30 ипэкIэ зэрыщытамрэ иджыпсту къекIуэкIымрэ, гу зэрылъытэгъуафIэщи, тIэ­­кIу зэщхьэщокI. Ар щIа­лэгъуа­лэм къагурыбгъэ-Iуэн пап­щIэ уадэуэршэрыни, щапхъэ гуэрхэмкIэ бгъэ­лъэгъуэни хуейщ. Мыри къыхэгъэ­щыпхъэщ. «ЩIалэгъуалэм хэкупсэ лэжьыгъэ ядегъэ­кIуэкIын» зыфIаща къэ­рал унэтIыныгъэм ипкъ иткIэ зэхэдгъэувауэ, дэ диIэщ республикэ программэ, «щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэ­сэныгъэ ябгъэ­дэлъхьэн, дзэм къулыкъу зэ­рыщащIэнум хуэгъэ­хьэ­зырын» жеIэри.
- Мухьэмэд, къызэрыд-гу­рыIуамкIэ, фи лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ ищхьэкIэ щызэхалъхьэ программэхэм, къалэнхэм.
- Апхуэдэущ зэрыщытри. Ди уставым и ухуэкIэри, илъэс ныкъуэ къэс къэдгъэ­щIэрэщIэж ди мурадхэри аращ зытещIыхьар.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ