Дэгубэ (Догуаб)

Ар зи фIэщыгъэ къуршыпс уэр цIыкIур Геленджик (ХьэфIыцIей, Хъулъыжьый) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэхэм языхэзщ.
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «хэщIапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщ­хьэхукIа Къуацэгъур тхы­цIэр зыгъэдахэ Тхыбэ бгым (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.
Языныкъуэ лъахэхутэхэм (Твёрдый Александр - «Топонимический словарь Кав­каза») къызэралъы­тэмкIэ, Дэгубэ зэреджэр зэпкърытх хъунущ адыгэбзэм хэт «дыгъэ», «бэ» псалъэхэмкIэ, къызэрыдгу­рыIуэн хуейри - «дыгъэр куэду зыдэпсэ», «дыгъэпс­кIэ гъэнщIа» егупсы­сы­кIэ­хэращ.
НэгъуэщIхэм зэрытра­гъэ­чы­ныхьымкIэ, фIэщыгъэр, «дэгу»-рэ «бэ»-уэ зэщ­хьэ­щытхмэ, къызэрыт­лъытэ хъунур «ямылейуэ щIыпIэ дэгу» мыхьэнэм хуэд­гъа­кIуэущ.
Геленджик и Iэшэлъашэм зыщызыгъэпсэху туристхэм ящыщу Дэгубэ и тIуащIэм зи лъэ щызыу­къуэдия дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ, метр 25-м нэблагъэ зи лъагагъ нэпкъхэм дапхъэ-д­э­кIуеи­пIэкIэрэ къепкIэ ­псы­­къелъэ хэм уамытхьэкъункIэ Iэмал зэримыIэм, апхуэдизу ахэр гугъэзагъэщ, удэзыхьэхщи.
Къэзыухъуреихь мэ­зылъэ Iуащхьэхэм зи къуэ­ладжэ ныджэр километр 12-кIэ пхызыша Дэгубэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къы­щыхэлъадэ и къуэпс­хэм я нэхъ инщ Къуагуэрэ (Коаго) зи гугъу тщIа псыкъелъэхэм я нэхъыбэр зы­дэт Тхыбэрэ (Тхаб).
Псым зэреджэм ехьэ­лIауэ нэгъуэщI еплъыкIэхэми уарохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Дэгубэ»-р «Дэгъуэбэ»-у («фIыр куэду здэщыIэ тIуа­щIэ» жыхуаIэу) къыщIе­зыгъэдзхэри, «шыгъэжапIэ» мыхьэнэм техуэу осетиныбзэм хэт къэп­сэ­лъыкIэм къытепщIыкIауэ къэ­зылъытэхэри, «Дэгухэ я къуэладжэ» адыгэ егуп­сысыкIэм хуэзышэну хущIэ­къухэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ