НыбжьыщIэхэр утыку къохьэ

Хабзэ хъуауэ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ди къэралым и щIыналъэхэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «ЩIэ­ныгъэм хэзышэ лъэба­къуэ» щIэныгъэ-практикэ конференцхэр. Ныбжьы­щIэхэр щызэчэнджэщ ап­хуэдэ зэIущIэ купщIафIэ мы махуэхэм щокIуэкI ди республикэми. Ар къызэ­ра­гъэпэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ЩIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я республи­кэпсо советымрэ.
Зи цIэ къитIуа министерствэм дыгъуасэ къыщызэ­Iуаха а конференцыр ма­хуищкIэ екIуэкIынущ. Абы жыджэру хэтщ Налшык, Москва, Владикавказ, Грознэ, Краснодар, Курган, Мэхъэчкъалэ, Мейкъуапэ, Ставрополь къалэхэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр, аспирантхэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр. Псори зэхэту ахэр цIыхуи 100-м нос. Абыхэм конференцым щащI докладхэр хьэлэмэтщ икIи купщIа­фIэщ, щIэныгъэм и унэтIы­ныгъэ куэди къызэщIау­быдэ: физико-математикэ, техникэ, естественнэ, социально-гуманитар, мэкъу­мэш, медицинэ хуэдэхэр.
ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ конференцыр. Япэу псалъэ зратахэм ящыщщ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат Езауэ Анзор. Абы фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсым къекIуэлIа псоми икIи лэ­жьыгъэр зэрекIуэкIынум щыгъуазэ хуищIащ.
ЩIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я республикэпсо советым илъэс блэ­кIам зэфIиха Iуэхугъуэхэмрэ дызэрыт гъэм хуаIэ мура­дхэмрэ теухуа презентацэ-гъэлъэгъуэныгъэр гунэс ящыхъуащ конференцым кърилIахэм ящыщ куэдым. А лэжьыгъэр къызэрагъэпэщащ икIи къызыхуэтыншэу зэфIагъэкIащ советым и лIыкIуэхэм.
Конференцым къекIуэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуэзыгъэзахэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Абазэ Алексей. Апхуэдэу зэхуэсым и япэ Iыхьэм къыщраIуащ илъэс кIуам ехъулIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIэрызыгъэхьа щIэ­ныгъэлI ныбжьыщIэхэм я цIэхэр. Абыхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
Зэхуэсым и лэжьыгъэм иджыри пещэ. Нобэрэ пщэдейрэ абы хэтхэр секцэхэм щылэжьэнущ. Ар йокIуэкI ди щIыналъэм щагъэува санитар-эпидемиологие мардэхэм тету.

Жыласэ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ