КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ коронавирус зэфыкIхэм я бжыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ зэрыщыхъур

КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэ­ры­пэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъы- зыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ ­республикэм эпидемиологие щытыкIэр зэ­­рыщызэпIэзэрытыр, сымаджэщхэм щIа­гъэгъуалъхьэхэм я бжыгъэм зэры­кIэ­рыхур. «МазэкIэ узэIэбэкIыжмэ, илъэ­сы­щIэ махуэшхуэхэм яужькIэ, ди госпиталхэм сымаджэ минрэ ныкъуэм хуэдизым щеIэзэу щытамэ, нобэм ирихьэлIэу а бжыгъэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъ мащIэ хъуащ», - къыхигъэщащ абы.
«Роспотребнадзор»-м и Управленэу ­КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, СOVID-19-р къызэрежьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ар цIыху 19.541-м къайуэлIауэ ятхащ, абыхэм ящыщу 18.226-р хъужащ, 349-р илIыкIащ. Тест къэпщытэныгъэу мин 423-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм щоIэзэ сымаджэ 620-м, абыхэм ящыщу 52-р реанимацэхэм щIэлъщ.
КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн жиIащ эпидемиологие щытыкIэр республикэм зэман гъунэ­гъум щефIэкIуэжыну къызэрилъытэр, сымэджахэм, вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр зэрымымащIэр къилъы­тэри. Абы къыхигъэщащ, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэр махуэрыеджэ мардэм зэрытехьэжам щхьэкIи къэмынэу, узыфэр зэуалIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъунур. Абы къы­дэкIуэу дохутыр нэхъыщхьэм цIыхухэм чэнджэщ яритащ узыфэм зы­щыхъумэным хуэгъэзауэ ягъэува мардэхэм къытекIыну мыпIэщIэну, цIыху куэд  зэуэ зэрызэхуамышэсыпхъэр, гуфIэ­гъуэ­хэри хьэщIэ щэ ныкъуэ нэхърэ нэхъы­бэ къемыкIуалIэу зэрырагъэкIуэкIыпхъэр ягу къигъэкIыжащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ, узыр зэуалIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъум щхьэкIи къэмынэу, тест къэп­щытэныгъэу ирагъэкIуэкIхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейр, сыту жыпIэмэ абы Iэмал къитынущ узыфэр мынаIуэу зыпкърытыр къэхутэнымкIэ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и ­министерствэм къызэритамкIэ, госпи- т­алитхум я лэжьыгъэм пащэ, абыхэм гъуэ­лъыпIэ 931-рэ щIэтщ, 652-м сымаджэр кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэп­сымэхэр ешэлIащ, 113-м ИВЛ аппарат- хэр яIэщ. Коронавирус узыфэр къэ­ху­тэнымрэ ар зыпкърытхэр гъэхъужынымрэ къыхузэрагъэпэщауэ щыта амбулаторнэ центрхэм щадэIэпыкъуащ цIыху 4025-м. Коронавирусыр зыпкърытхэу амбулаторнэу ягъэ­хъужхэм хущхъуэхэр пщIэншэу етыным хуэунэтIа лэжьыгъэм пащэ. 2020 гъэм ­мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ хущ­хъуэхэр иратащ сымаджэ 23.962-м. Республикэм и Iэтащхьэм узыншагъэр ­хъумэнымкIэ министрым пщэрылъ щи­щIащ унэхэм зыщызыгъэхъуж сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ пщIэншэу къызэ­ры­зэрагъэпэщым кIэлъыплъыныр щIигъэткIиену.
КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къытеувыIащ цIыхухэм мастэхэр яхэлъхьэным теухуа Iуэхум икIи IэнатIэхэм я унафэщIхэм ягу къигъэкIыжащ цIыхухэм вакцинэр яхэлъ­хьэныр зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIын зэ­ры­хуейр. «ЦIыху куэдым хущхъуэр халъхьэрэ узыфэр къаймыуэлIэнымкIэ шэсыпIэ ­щы­Iэ хъуа нэужьщ дэ экономикэм зед­гъэу­жьыжыну, дызэса псэукIэм ды­техьэжыну Iэмал щыдгъуэтынур», - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.
Нобэм ирихьэлIэу республикэм вакцинэр щыхалъхьащ цIыху 5151-м, псори зэхэту хэIугъуэ 12.652-рэ къаIэрыхьащ, COVID-19-м пэщIэт мастэр щIыпIэ 49-м щыхалъхьэ. ЛэжьакIуэ гупхэм кIуэурэ мастэхэр яхэзыIу гупхэри къызэрагъэпэщащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ