УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуозэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIышылэм и 19-м Пятигорск къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIущIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий.
Чайкэ Юрийрэ КIуэкIуэ Казбекрэ тепсэ­лъыхьащ гъэ кIуам кърикIуахэм, дызыхыхьа илъэсым, Урысейм и Президентым пщэрылъ къащищIахэм тету, щIыналъэм социально-экономикэ, жылагъуэ-политикэ я лъэныкъуэкIэ зэрызиужьыну щIыкIэм.
Апхуэдэуи хэплъащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа­хэр 2020 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуам, илъэ­сыщIэм къапэщыт къалэнхэм. Къыхагъэщащ зи гугъу ящI унэтIыныгъэхэмкIэ республикэр «щIыналъэ щхъуантIэ» жыхуаIэ щIыпIэхэм зэрыхабжар - къалэн нэхъыщ­хьэхэр процентищэкIэ зыгъэзэщIахэм зэрахэтыр.
Гулъытэ хэха хуащIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм, санитар-эпидемиологие щытыкIэм ехьэлIа Iуэхухэм. Абы теухуауэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ узыншагъэр хъумэнымкIэ  IэнатIэр зэры­щыту, абы сымаджэм япэу зызыхуигъазэ IуэхущIапIэхэри яхэту, егъэфIэкIуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
И гугъу ящIащ щIыналъэм лышх узыфэм щыпэщIэт центрыщIэ щыухэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Иджыпсту хоплъэ а ухуэныгъэм текIуэдэну мылъкур УФ-м и инвестицэ программэм хэгъэхьэным ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэм. КъБР-м и Iэтащхьэм полномочнэ лIыкIуэм лъэIукIэ зыхуигъэзащ щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхур зэфIэгъэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуну.
Республикэм щыщыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэр щызэпкърахым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, гугъуехьхэм емы­лъытауэ, республикэм узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и IэнатIэр и къалэнхэр гъэзэщIэным зэрыпэлъэщыр. ГъуэлъыпIэ лейуэ яIэщ процент 20 хуэдиз. Госпиталхэм ИВЛ Iэмэп­сымэхэр, хущхъуэхэр, лэжьакIуэхэр къаймэщIэкIыркъым. Узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэр щагъэхъуж сымаджэщхэмрэ лабораторэхэмрэ медицинэ Iэмэпсымэу, абы технологие лъагэр и лъабжьэу ящIахэри яхэту, 1500-рэ хурагъэшащ.
Коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърыт сымаджэхэм я деж щIыпIэм егъэбыдылIа дохутырхэр нагъэсын папщIэ поликлиникэхэм автомобиль тхущI хуэдиз иратащ, COVID-р зэфыкIхэм амбулаторнэ дэIэпы­къуныгъэ щрат центрих къызэрагъэпэщащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ коронавирус зыпкърытхэу амбулаторнэу ягъэхъуж сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуащIыр: 2020 гъэмрэ мы илъэсым и щIышылэмрэ къриубыдэу ­хущхъуэхэр къэщэхуным республикэ бюджетым щыщу трагъэкIуэдащ сом мелуан 45-рэ, федеральнэ бюджетым щыщу къаIэрыхьащ сом мелуан 51-рэ.
Медицинэ IуэхущIапIэхэм (госпиталхэм) я лэжьыгъэр щызэблэу къэмыхъуу екIуэ­кIыным хуаутIыпщащ сом меларди 2,8-рэ, абы щыщу сом 1 мелардыр республикэм ­бюджетым къыхэкIащ.
«Урысейм и Президентым къалэн ­къазэрыщищIам тету республикэм щыщIа­дзащ коронавирус узыфэм щызыхъумэ мас­тэхэр цIыхухэм яхэлъхьэным, - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. – Вакцинэр цIыху 1342-м хаIуащ, дыгъуасэ мастэ 1400-рэ къаIэрыхьащ. Нобэ къыщыщIэдзауэ мас­тэхэр цIыхухэм щыхалъхьэ республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэхэмрэ амбулаторэхэмрэ». Чайкэ Юрий къалэну къигъэуващ республикэм щыпсэухэм мастэр яхэлъ­хьэным хуэунэтIа лэжьыгъэр псынщIэу зэтраухуэу тэмэму ирагъэкIуэкIыну.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Чайкэ Юрий ехъуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 11 зэрырикъумкIэ икIи къыхигъэщащ а зэманым Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и Аппаратыр Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэхэм я зэкъуэтыныгъэм и джэлэсу зэрыувар икIи федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэкухэм я зэкъуэтыныгъэр, жылагъуэ, экономикэ зэпыщIэныгъэхэр гъэ­быдэным хуэгъэза къалэнхэм хъарзынэу зэрехъулIэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.