Сэ сыадыгэщ!

ЗэвгъэцIыху Тырку къэ­ралыгъуэм щы­цIэ­рыIуэ ­актрисэ, адыгэ пщащэ нэс Сангу Эльчин. Хъыджэбз тхьэIухудым иджыблагъэ ита интервьюм зэрыадыгэр щыжиIэм и мызакъуэу, къы­зыхэкIа лъэпкъым и хабзэ дахэхэм, зыщIапIыкIа гъэсэныгъэм уи­гъэ­гуш­хуэу щытопсэлъыхь.
«Узэрыадыгэр зэхэтхащ, иджы адыгагъэу пхэлъым тхутепсэлъыхь», - жиIэу корреспондентым зыкъыщыхуигъазэм Эльчин абы пидзыжащ: «Адыгэ хабзэм цIыхум ­хилъхьэ хьэл-щэн дахэ псоми къадэкIуэу, сэ зы мы­гъуагъэ схэлъщ. Нэхъыжь щыту псалъэхэм, зи лъа­къуэ зэтезыдзэхэм, нэхъыжь зыщIэс пэшым я щIыбагъ ягъазэу щIэ­кIыжхэм си нэр тедияуэ сакIэлъоплъ, сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, ар сэ сызыхуа­гъэсам куэду пэжыжьэщ».
«Укъыщыгубжьхэм деж, сыт хуэдэ псалъэкIэ уигу бгъэзагъэрэ, ухъуанэрэ?», - къыкIэлъыкIуэу щыщIэуп­щIэкIэ:
«Сэ сыадыгэщ! Адыгэ хъыджэбз хъуанэркъым!» -  ет Эльчин жэуап гугъэзагъэ.
«Бесценное время» (2010 гъэ), «Какой размер носит любовь» (2013 гъэ), «История одной любви» (2013 гъэ), «Курт Сеит и Александ­ра» (2014 гъэ), «Любовь моя, Алабора» (2015 гъэ), «Повергнутый любовью» (2015 гъэ), «Любовь напрокат» (2015 гъэ), «Останься со мной» (2017 гъэ), «Дело девушки» (2017 гъэ), «Время счастья» (2017 гъэ), «Безжизненные» (2018 гъэ), «Столкновение» (2018 гъэ), «И в печали, и в радости» (2020 гъэ) кинофильмхэм щигъэзэщIа ролхэмкIэ цIэ­рыIуэ хъуа Эльчин 1985 гъэм Тыркум хыхьэ Измир къалэм къыщалъхуащ. «Класс нэхъыщIэхэм сы­щIэсу арат си адэ-анэр щы­зэбгъэдэкIыжам. Нобэ хуэ­дэу сощIэж ар къызэры­зэ­хьэ­лъэкIар. Си адэ-анэм анэкъилъху куэду яIэти, ды­щыпсэу пщIантIэм цIы­ху­шхуэ дэст. Къэзышэр хэ­кIым, яшэр дэкIыурэ, пщIантIэм си анэмрэ сэрэ ди закъуэ дыкъыдэнат. Дэ тIум ди псэр зы чысэм илъым ­и мызакъуэу, зэ­щы­дбзыщI щымыIэу, зэныбжьэгъуфIым хуэдэу ды­щытащ. Ар ныбжьышхуэ дызэримызэ­хуакур арагъэнт зи фIыгъэр. Дунейм сыкъыщытехьам, си анэр илъэс 18 хъууэ арат. Си адэ шыпхъухэри щIалэ дыдэти, сэ си закъуэу зэи къысщыхъуакъым.
Сабиигъуэ
Иджыри сабийуэ гурыIуэгъуэ хъуат Эльчин гъуазджэм, щэнхабзэм я цIыхуу зэрыщытыр. Ар дохутыр, е псалъэм папщIэ, инженер хъуну зэи щIэхъуэпсакъым, ауэ сурэт дахэ ды­дэу ищIырт, къафэм хэтт, уэрэд жыIэныр фIэфIт. Абыхэм языхэз къыхихынри хъыджэбзым дежкIэ тыншу щытакъым. Кол­леджым щIэтIысхьэн хуей щыхъум, тегушхуэри, ма­къамэмкIэ къудамэм ­кIуащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, псоми ягъэщIагъуэу хъыджэбзым телъ щхьэц гъуап­лъафэ ­дахэр зэрыримыIар.  ЗэрыжаIэмкIэ, ар и адэм и лъэныкъуэкIэ кIуэжащ.
IэщIагъэр
Сангу Эльчин Мерсин университетым хыхьэ кол­ледж­хэм язым оперэмкIэ и къудамэр къиухащ, иужькIэ, 2000 гъэм, ­Йедитепе университетым ­изобразительнэ гъуазджэ­хэмкIэ и факультетым щеджащ.
ГъащIэм и къэгъэшыпIэхэр
«ЕджапIэр къэзуха иужь­кIэ, зыгуэрым зесп­щы­тыну сытемыгушхуэу унэм сы­щIэст. Шэч хэмылъу, си анэр абы иригузавэрт, Iуэху гъэщIэгъуэнхэм сы­дригъэ­хьэхын папщIэ хузэфIэкI къигъа­нэртэкъым. Зэгуэ­рым, абы театрым теухуа тхылъ цIыкIу къысхуихьати, семы­плъых­хэу пэгуныжьым издзат. АрщхьэкIэ си анэр абы ­къигъэувыIакъым».
Арати, Эльчин къепсэлъэну кино тезых гупым ирагъэблагъэ. Хуей-хуэмейуэрэ абы хъыджэбзыр макIуэ, икIи режиссёрым мащIэу йохъурджауэри, Iуэхур адэкIэ мыкIуатэу къонэ. Кином зи насып хэлъ Эльчин куэд дэмыкIыу «Бесценное время» фильмым ирагъэ­благъэ. Ауэ ар цIэрыIуэ щыхъуар «Любовь напрокат» телесериалым хэта иужь­кIэщ.
Хьэл-щэныр
Эльчин цIыху нэфIэгуфIэу, зэхэщIыкI зыхэлъу, псори нэгъэсауэ зыщIэ хъы­джэбз гумызагъэу, укIы­тэ­хыущ къэзыцIыхухэр зэ­рытепсэлъыхьыр.
«Сыкъыщыгубжьхэм деж, дапщэщи сыхущIокъу псо­-ри гушыIэм хуэзгъэкIуэну. Ауэ си пIэ сыкърашмэ, си гъуэгу къытехьэм сы­щыс­хьынукъым. Сыщынэщ­хъейхэм деж зыри слъа­гъуну сыхуэмейуэ си гур зэхузощIри, япэ махуэхэм псори езыр-езыру зызогъэзахуэ. Ауэ кино щытетххэм деж апхуэдэу зысщIыркъым, абдеж си гукъыдэжри нэ­гъуэщIщ. ИужькIэ, унэм сыкъэкIуэжмэщ хуиту нэщ­хъеипIэ щызгъуэтыр. ИтIанэ, сэ гурыгъуазэ лъэщ сиIэщ: ­къэхъунур пщIы­хьэ­пIэкIэ къызощIэ куэдрэ».
Эльчин зыхэтхэм тыншу дзыхь яхуэзыщIхэм  ящыщкъым, ауэ абы цIыхур ­гъунэгъу зыхуи­щIамэ, и псэм щыщ мэхъу.
И зэфIэкI псом къищы­нэ­мыщIауэ, Эльчин икъукIэ пщафIэ Iэзэщи, зэман ­къы­щыхудэхуэм пщэфIапIэм къыщIэкIыркъым.
ФIэщщIыгъуейщ мы тхыгъэм Эльчин къеджэну, ауэ иджы Интернетым и Iэмалхэр инщи, пщIэну щыткъым. Зи зэфIэкIкIэ, да­хагъэрэ щэныфIагъкIэ адыгэ лъэп­къым и цIэр ­къизыIуэ, къы­зыхэкIар зы­щымыгъупщэу абы и пщIэр зыIэт ди шыпхъу гуа­щIа­фIэм зыхуэз­гъазэу: «Эльчин, догушхуэ уэркIэ! Тхьэм уригъэ­фIа­кIуэ!» -жесIэну сыхуейт.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз