Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ стратегиещIэ къащтэну загъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фокIадэм и 22-м хэтащ Наркотикхэм япэ­щIэтынымкIэ къэрал комитетым  и зэIущIэу ­Урысей Федерацэм  къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, Урысей Феде­рацэм и полицэм и генерал Колокольцев Владимир  видеоконференц мар­дэм тету иригъэ­кIуэкIам.

Министрым зэIущIэм хэтхэм гу лъаригъэтащ наркотикхэр хабзэм къе­мызэгъыу зэрызэрагъэ­кIуэкIым ебэныным мы ­зэманым щыщыIэ щыты­кIэм, абы къыщыхъу зэ­хъуэ­кIыныгъэхэм:
«Хамэ къэралхэм щащIа афиянхэкIхэр Хэкум щэхуу кърашэу зэрыщыта гъуэгухэр зэрызэхуэтщIам и фIы­гъэкIэ ахэр нэхъ мащIэ хъуати, апхуэдэ Iэмал зэ­рамыгъуэтыжым къы­хэ­кIыу, иджы ди къэралым нэхъыбэ щыхъуащ наркотикыу щызэхалъхьэр. 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ 2019 гъэри хэту наркотикхэр къы­щIэгъэкIыным ехьэлIа щIэпхъаджагъэу  ялэжьар хуэдитхукIэ нэхъыбэ ­хъуащ. Дызэрыт илъэсым иджы япэу нэхъыбэ хъуащ синтетикэм къыхэщIыкIа афиянхэр, адрей наркотик лIэужьыгъуэхэм елъытауэ. Къагъэсэбэпыну зыхуимы­ту къытраха псоми я процент 50 мэхъу апхуэдэхэр, бжыгъэкIэ къэбгъэлъа­гъуэмэ, ар тонних мэхъу», - жиIащ министрым.
Колокольцев Владимир зэрыжиIамкIэ,  2020 гъэм и щIышылэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэм къриубыдэу ­нарколабораторэ щэхуу 140-рэ хуэдиз къыщIагъэщри якъу­тащ. Ар илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ хуэдэ зырэ ны­къуэкIэ нэхъыбэщ.
Синтетикэ афиянхэкIыу зэблагъэкIыр псынщIэу ­нэхъыбэ зэрыхъум тегу­зэвыхьу, абы и гугъу щащIащ ООН-м Наркотик­хэкIхэм якIэлъып­лъы­ным­кIэ и комиссэм и 62-нэ ­сессием. Апхуэдэ шына­гъуэ щыIэ щIэхъуам и щхьэу­­сыгъуэ нэхъыщ­хьэ­хэм ящыщу къагъэлъэ­гъуащ прекурсор пкъы­гъуэхэм (хущхъуэгъуэ щхьэ­хуэхэр щызэхалъ­хьэ­кIэ къагъэсэбэпхэм) кIэ­лъып­лъыным хуэунэтIа лэ­жьыгъэр тэмэму къызэры­зэ­мыгъэпэщар. Комиссэм и зэIущIэм зыщыхэплъахэм япкъ иткIэ Резолюцэ къащтащ, зэхуэсым зи лIыкIуэ хэта къэралхэм а химие пкъыгъуэхэр къызэ­ры­щагъэсэбэп щIыкIэм, абы зэрыкIэлъыплъым ­теухуа я лъэпкъ законодательствэхэр ирагъэфIэ­кIуэ­ным теухуауэ.
Наркотикхэм япэщIэ­ты­ным­кIэ къэрал комитетым и унафэщIым зэIущIэм ­хэтхэм ягу къигъэкIыжащ а Iуэхум Урысей Федерацэм гулъытэшхуэ зэрыщы­хуащIыр. 2018 гъэм къы­щы­щIэдзауэ зыкIэ­лъып­лъып­хъэ веществохэм хагъэхьащ прекурсорыщIэу 25-рэ. Псори зэхэту апхуэ-дэ пкъыгъуэхэр 92-рэ мэхъу.
ЗэIущIэм хэтхэр зэдэгуэшащ синтетикэ наркотик­хэмрэ ахэр къызыхащIыкI­хэмрэ къыщIэгъэкIыным, ахэр зэбгрыгъэкIыным ехьэ­лIа Iуэхухэр къызэпыу­дыным хуэунэтIауэ  IуэхущIапIэхэр зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ IэмалхэмкIэ.
КъимыдэкIэ, зэIущIэм щы­хэплъащ щытыкIэр кIэлъыплъыныгъэм щIэ­тыным и Iуэхур адэкIи егъэ­­фIэкIуэнми, апхуэдэуи Урысей Федерацэмрэ абы хыхьэ щIыналъэхэмрэ ­нар­котикхэм япэщIэтыным хуэунэтIауэ щызэфIагъэкI лэжьыгъэм и фIагъыр къызэралъытэ щIыкIэми. А лэжьыгъэр нэхъ пасэу щIадзауэ ирагъэкIуэкI, Нар­котикхэм япэщIэты­ным­кIэ политикэм и стратегиещIэр къэщтэным тэ­мэму зыхуагъэхьэзырын хуэдэу. Колокольцев Владимир министерствэхэмрэ IуэхущIапIэ хэхахэмрэ, наркотикхэм япэщIэтынымкIэ комиссэхэм я унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ жэр-дэм, чэнджэщ щхьэпэхэр къызэрыхалъхьам папщIэ. Урысейм и МВД-м и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, ирагъэфIэкIуа Методикэ­щIэр къэралым, щIыналъэхэм, муниципалитетхэм илъэсипщI гъунэгъум ­къахуэщхьэпэну аналитикэ Iэмэпсымэ лъэщ хъун ­хуейщ.

 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ