Макъхэр - сурэткIэ

ФокIадэм и 11-м «Черкесский язык и трансформация квадрата Малевича» фIэщыгъэм щIэту су­рэтыщI Iэзэ Црым Руслан и IэдакъэщIэкIхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэ Налшык къы­щызэIуахащ.
Нэхъ ипэкIэ тлъэгъуа гъэлъэгъуэныгъэхэм мыр куэдкIэ къазэрыщ­хьэ­щы­кIыр гурыIуэгъуэ ищIырт ар къыщызрагъэпэща щIы­пIэм. Куэд щIауэ ябгынэжа «Победа» киногъэлъэгъуа­пIэм Црымым псэ хилъ­хьэжат а махуэм (щIыпIэр гъэлъэгъуэныгъэм и хьэ­тыркIэ къызэIуахат). Зэрыт­щIэщи, Малевич и «Черный квадрат» сурэт цIэрыIуэр «Победа над Солнцем» спектакль-оперэм хуищIа декорацэхэм щыщщ. Аращ Црымым и гъэлъэгъуэныгъэр «Победа» киногъэ­лъэгъуапIэм утыку къыщрихьэну щIытегушхуам и щхьэусыгъуэр.
Руслан и IуэхущIафIэкIи лэжьыгъэкIи адыгэ сурэ­тыщIу зэрыщытым куэд щыгъуазэщ. Иджырей IэдакъэщIэкIхэри абы и щы­хьэтщ. Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьа сурэт 46-р адыгэ ­макъхэм я сурэтщ. Макъ къэс езым и сурэт, и къэIуэ­тэкIэ дегъэлъагъу Руслан.
Сурэтхэм ябгъурыт штрих-кодхэм телефонкIэ сурэт тепхмэ, макъыр щылажьэ псалъэхэр, абыхэм я къэ­IукIэр къыбжеIэ.
Црым Руслан гъэлъэ­гъуэныгъэр къыщызэIуихым къыдэIэпыкъуа псоми фIыщIэ яхуищIри, сурэт­-хэм я гупсысэр Бер Хьик­мэт и «Макъыбзэ» тхылъым къигъэушауэ, илъэс куэд щIауэ зэрелэжьыр къыхигъэщащ. Адыгэбзэм хуиIэ еплъыкIэр щIэныгъэлIым ей мыхъуу, сурэтыщI бгъэ­дыхьэкIэу зэрыщытыр жиIащ Црымым.
Адыгэбзэм и макъ къэс мыхьэнэ иIэу къэзылъытэр мащIэкъым, ар бзэм и зэ­хэлъыкIэр зыщIэ дэтхэнэми къыбжиIэфынущ. Гъуазджэм и плъыфэхэмрэ бзэм и щIагъыбзэмрэ екIуу щы­зэхэухуэна мы гъэлъэ­гъуэныгъэм гупсысэм щи­IутIыжт. Руслан и плъы­фэ­хэмрэ дамыгъэхэмрэ ­«къопсалъэ», зыхэщIыкI гуэр пхэлърэ адыгэбзэр пIурылъмэ, ар «зыхыу­мы­хынкIэ» Iэмал иIэкъым. Сурэт къэс, макъ къэси хуэдэу, гупсысэм и псы­къуий лъащIэншэм уеIэ­- бых хуэдэщ…
Гупсысэхэр нэхъри кърагъэблырт а гъэлъэгъуэныгъэм къеблэгъахэу Апэпш Бибарсрэ ХьэцIыкIу Ба­ширрэ ягъэзащIэ пасэрей уэрэдыжьхэм.
Црымым и Iэдакъэ­щIэкI­хэм, дауи, хужаIэнур мащIэкъым, ауэ сэркIэ мы лэжьыгъэхэр адыгэбзэм, лъэпкъ гъуазджэм, щэнхабзэм ипэкIэ яча лъэбакъуэ дахэщи, Тхьэм иригъэфIакIуэ!

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ