ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи щIалэгъуэ спортсмен нэхъ лъэщхэм ящыщу 700-м нэблагъэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы щыIащ «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэр икIи зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Тхьэмокъуэ Элинэрэ Иуан Дианэрэ, дагъэгуфIэу, медаль зэхуэмыдэхэр къытхуахьащ. Абыхэм тIуми я зэфIэкI щагъэлъагъуэр килограмм 42-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. АтIэ, Тхьэмокъуэм къэрал зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ, Иуаныр ещанэ хъуащ.

         КъыкIэлъыкIуэ махуэм ди щIалэхэми наIуэ къащIащ зэрымыхуэмыхур. Килограмм 59-рэ хъухэр зыхэт гупым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Бицу Къантемыр иригъэкIуэкIа зэIущIитхуми щытекIуэри, зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къихьащ. Iусен Дамири япэ увыпIэм нэсыным зы лъэбакъуэ фIэкIа къыхуэмынэжауэ кIэух зэпеуэр иригъэхьащ. Мыбдежми, ди щIалэм зэIущIитху къыпэщылъащ текIуэныгъэр къихьын папщIэ, щызауэри килограмм 55-рэ хъухэм я дежщ.

         Ещанэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм иджыри зы медаль къыхэхъуащ, ари – дыщэу! Ар къытхуэзыхьар Хубуловэ Анжеликэщ (кг 68-рэ).

         Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ къэралым и командэ къыхэхам хэту мы гъэм бжьыхьэм Корее Ипщэм щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну

         Ди командэм и тренерхэр Ахъмэт Амир, Тикаев Индрис, Унэжокъуэ Абдельджэбар сымэщ.

                                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.