УэсхэкIыкI- уэсчэсей-ажэгъуэмэ1984 гъэм Инджылызым къыщалъытащ мэлыжьыхьым и 19-р Ажэгъуэмэм и махуэу. Абы иужькIэ, куэд дэмыкIыу, а Iуэхур ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм щагъэлъапIэу щIадзащ. ЩIышылэ мазэм къыщегъэжьауэ мэлыжьыхьым икухэм нэсыху гъэгъа теплъэ зиIэу щIы щхьэфэм адэкIи-мыдэкIи къыщыхэж къэкIыгъэ пасэ цIыкIухэр, гу зэрылъатамкIэ, щыгъуэлэжыр хуабэр щIыIэм текIуэу, гъатхэр къызэрихьар ипэжыпIэ-кIэ наIуэ хъуа иужькIэщ. Зыхуэсакъыпхъэщ Ди планетэм ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэу 20-м нэблагъэ къытенэжами арагъэнущ. А тIэкIум я нэхъыбапIэри кIуэдыжыпэным нэсащ. Абыхэм я цIэхэр Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, мы къэкIыгъэ лъагъугъуафIэ цIыкIухэр я теплъэкIи мэ гуакIуэу къапихымкIи зэрызэмыщхьыр. Къытедгъэзэжынщи, ахэр псори зэзышэлIэжыр зыщ: дыкъэзыухъуреихь дунейм хуабэр щIыIэм зэрыщытекIуам я нэщэнэ щыпкъэу зэрыщытырщ. Удз лъагъугъуафIэм, гъатхэ пасэм и «джакIуэу» зи жагъуэ щIыгъуафIэ цIыкIум зэреджэр зэтехуэркъым. ЖытIам и щыхьэтщ абы Германием «уэс уэзджынэкIэ» зэрыщеджэри, Британием «уэс ткIуэпс» е «уэс тхьэгъу» зэрыщыхужаIэри, Чехием «уэсчэсей» фIэщыгъэ дахэр зэрыщытрагъэIукIари. Урысхэм удз гъэгъа хужь цIыкIум «уэсщIагъ» (подснежник) цIэр къыхуагъуэтащ. АбыкIэ жаIэну зыхуеяри гурыIуэгъуэщ - щIымахуэм ибгынэ щIыгум дыгъэм и пэублэ бзий дыхьэ- рэнхэр щегуапылIэкIэ, а къэкIыгъэ лъагъугъуафIэм уэс Iувыр къызыпхитхъыу, и щхьэр дунейм къытришиеным и лIыгъэрэ и зэфIэкIрэ зэрыхурикъурщ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|