Бгылъэ жылэхэм я Iуэху зыIутым зыщегъэгъуазэ

Шэджэм щIыналъэм щыIащ икIи Шэджэм-2 - Булунгу гъуэгущIэм и ухуэ­ныгъэр здынэсар зригъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Гъуэгур тезылъхьэхэм зэрыжаIамкIэ, иджыпсту зи ужь ит Iыхьэр и кIыхьагъкIэ зэрагъэпэщыжынущ. Абы щыщу километр 12,5-р 2022 гъэм зэфIагъэкIащ, километри 9-м иджырей уэздыгъэхэр фIа­дзащ. КъищынэмыщIауэ, метри 134- рэ  зи кIыхьакъ лъэмыжи 5-р зыхуей хуа­гъэзэжащ. Иджыпсту Хъущтэ-Сырт къы­­­щыщIэдзауэ Шэджэм псыкъелъэхэм нэс кIуэ гъуэгум йолэжь, ар километри 2 мэхъу. IэщIагъэлIхэм псы Iуфэхэр ягъэ­быдэ, гъуэгубгъухэр шынагъуэншэ ящI. А псори 2026 гъэм и кIэм нагъэсыну я мурадщ. Гъуэгур нэхъ бгъуэ хъунущ, псым гуимылъэсыкIын хуэдэу быдэу щыты­-нущ. 
Шэджэм псыкъелъэхэм щынэсым, республикэ Iэтащхьэр цIыхухэм ядэуэршэращ, ахэр щIыпIэ дахэм щыпсэухэм я дежкIи, хьэщIэхэм я дежкIи нэхъ тынш, шынагъуэншэ, Iэхуитлъэхуит зэрыхъунум тепсэлъыхьахэщ. 
АдэкIэ КIуэкIуэм зригъэлъэгъуащ Эльтюбю, Булунгу кIуэ гъуэгу километр 25-м я Iуэху зыIутыр, абы лэжьыгъэр мы махуэхэм щаублащи. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бгылъэ жылэхэр къыщызэхикIухьым, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Iуащхьэмахуэ районым щыIэ Гундэлэн къуажэдэсхэми. Ар гуапэу жы­лэдэсхэм ехъуэхъуащ Балъкъэр лъэп­къым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и  ма­­хуэшхуэмкIэ икIи республикэм щып­­сэухэм къабгъэдэкIыу фIыгъуэ, зэIузэ­пэщыныгъэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну къы­зы­хэщ псалъэ гуапэхэр яжриIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.