ЩIАЛЭГЪУАЛЭР ФIЫМ ХУАУЩИЙ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт Iуэху щхьэпэр. Налшык къалэм и школакIуэ 5000-м щIигъурэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ хэтащ абы. 

 КIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэу, спортсмен цIэрыIуэрэ тренеру а Iуэхум хыхьэхэр. Профилактикэ акцэр иджы щекIуэкIащ Налшык и школхэу №№9, 12, 17, 29-хэм. 
ЗэIущIэхэм я къызэгъэпэщакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр ящIыгъуу тепсэлъыхьащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэм ебакъуэу зэрагъэкIуэныр, балигъ мыхъуахэр хабзэншагъэхэм хашэныр къэмыгъэхъуным. 
- Фэ балигъыпIэм фынэсащ, гъащIэм езыхэм гъуэгу захуэ къыщыхэфх хъун хуэдэу, сэбэп зыпылъ Iуэхухэм – спортым, щIэныгъэм, творчествэм – фыхыхьэ, жылагъуэм сэбэп хуэхъуну цIыху нэс фыхъу, - жиIащ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ. 
 - ГъащIэ узыншэм цIыхур щхьэхуит икIи и хьэл тетыж ещI, къару къыхелъхьэ, егупсысауэ езыр зыхуейр сытми къыщыхихыфын хуэдэу, - жиIащ Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и лэжьакIуэ Теммоевэ Фаризэт. 
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и ПДН къудамэм и инспектор, полицэм и капитан ДыщэкI Заринэ школакIуэхэм ягу къигъэкIыжащ хабзэр уэим щащI, ахэр къемызэгъ Iуэхухэм щыхыхьэ къагъэхъу зэрымыхъунур. 
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэхэу Мисиров Хъызыррэ Джэдгъэф Аслъэнрэ, дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анжелэрэ Урыс члисэм и лIыкIуэ Артуновэ Иринэрэ къыщыпсалъэм жаIащ гъащIэр ар Тхьэр цIыхум къызэрыхуэупса къулеигъэу зэрыщытыр, ар насыпыфIэу икIи дахэу ирахьэкIмэ зэрагуапэр. 
Псалъэмакъым адэкIэ къыпищащ ветеранхэм я «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Абэнокъуэ Владимир.
Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бечеловэ Людмилэ, телевиденэм и режиссёр Ашэбокъуэ Дамирэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Мэкъуауэ ФатIимэ сымэ ныбжьыщIэхэм гъащIэм гъуэгу захуэ къыщыхахыну икIи я Хэкум хуэфащэу къэхъуну ехъуэхъуащ. 
КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэхэм хэтащ КъБР-м Олимп резервымкIэ и спорт школым тхэквондомкIэ и тренер Кан Станислав, дуней псом щэнейрэ и чемпион, Урысеймрэ Европэмрэ я чемпион, греплингымкIэ дунейпсо классым и мастер Урыс Мухьэмэд.
ЕджакIуэхэри жыджэру хэтащ щIалэгъуалэр наркотикым пэIэщIэным теухуауэ къаIэта псалъэмакъым. Акцэр зэрыдаIыгъыр къагъэлъагъуэу, ныбжьыщIэхэмрэ хьэщIэхэмрэ «Наркотикхэм драбийщ!» къыхуеджэныгъэр къызытещ плакатхэр яIыгъыу сурэт зытрагъэхащ. 
 

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.