ХЭКУМ И МАКЪХЭР

Алътуд къуажэм щыщщ сабий дыдэу уэрэд жыIэн щIэзыдза, ар IэщIагъэ зыхуэхъужа Емзэгъ Руслан. Курыт еджапIэмрэ Музыкэ школымрэ зэдэзыгъэгъуэгурыкIуа щIалэм ахэр къыщиух илъэсым (2013 гъэм) «Щэнхабзэ» унэтIыныгъэмкIэ «Илъэсым и еджакIуэ» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщат.  

         И макъым япэ дыдэу Даур Иринэ иригъэдэIуэри, Руслан  тегушхуэпащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр курсым щIэтIысхьыну. ИлъэситIым къриубыдэу и къэухьым хигъахъуа нэужь, Емызэгъыр 2015 гъэм Бэгъуэтыж Светланэ и нэIэм щIэт курсым хэхуащ.

         Институтым зэрыщIэтIысхьэу, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру хэтын щIидзащ Руслан. Налшык къалэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм къадэкIуэу, щIалэщIэр и зэфIэкI мызэ-мытIэу щеплъыжащ Москва, Санкт-Петербург, Къэзан къалэхэми. КъищынэмыщIауэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм зэрызыщIагъакъуэу еджапIэ нэхъыщхьэм щылажьэ «Твой дар» гупжьейми ар хыхьащ. Сабийхэм ядэлэжьэн, уэрэд жыIэкIэм хуигъэсэн щхьэкIэ ар и зэман щысхьыртэкъым. «Апхуэдэ цIыкIухэм я хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщт утыку къихьэу уэрэд щыжаIэныр. Ар къайхъулIэн щхьэкIэ сэ зыгуэркIэ сэбэп сахуэхъуфмэ нэгъуэщI сыхуейтэкъым», - жеIэ Руслан. Илъэситхум нэблагъэкIэ а гупжьейм емызэшу ар хэтащ икIи  фIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщащ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм къыпэкIуэу.

         УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм и волонтёр Iуэхум фIэфIу пещэ. Уеблэмэ сымаджэхэм папщIэ мызэ-мытIэу лъы зэритым и щыхьэту абы къратащ щIыхь зиIэ донорым и дамыгъэр. КъищынэмыщIауэ, зи ныбжь хэкIуэтахэм щакIэлъыплъ унэ-интернатым «Во имя радости душевной» фIэщыгъэр зрита концертыр къыщызэригъэпэщауэ щытащ. «Ди нэхъыжьхэр я къару зэи щысхьыжакъым, ди къэкIуэну дахэм папщIэ. Абы къыхэкIыу иджы дэ ди къалэнщ абыхэм дахуэсакъыжыну. Сымаджэхэм гудзакъэ яхудиIэу, тхузэфIэкIкIэ защIэдгъэкъуэфу щытмэ, лъэпкъ зэкъуэт дыхъунущ, - жеIэ Емзэгъым.

         2017 гъэм и зэфIэкIым хигъэхъуэн мурадкIэ Руслан журналистикэмкIэ «Акулы пера» школми щIэтIысхьэри къиухащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм «КъБР-м илъэсым и студент» щIыналъэ саугъэтыр («Илъэсым и творческэ цIыху» унэтIыныгъэмкIэ) къихьащ.

         - Уэрэд жыIэным си макъыр зэрыхуэщIар къызыбгъэдэкIауэ къэслъытэр си анэращ. Макъ дахэ иIэщ икIи ари, сэ сэщхьу, щIэхъуэпсу щытащ уэрэджыIакIуэ хъуну, - къыхегъэщ Руслан. - Къапщтэмэ, ди лъэпкъ уэрэдхэми классикэми сыдехьэх. Иужьрейм и гугъу пщIымэ, зыхэслъхьэ щымыIэу сфIэфIщ дуней псом щыцIэрыIуэ композитор Бетховен Людвиг и IэдакъэщIэкIхэр. Апхуэдэуи КъардэнгъущI Зырамыку и уэрэдыжьхэм сыт щыгъуи сыдахьэхыу щытащ. Институтыр къыщызухым, си диплом лэжьыгъэр зытезухуауэ щытар адыгэхэм я тхыдэ-лIыхъужьыгъэ уэрэдхэрщ. Абы КъардэнгъущI Зырамыку ейхэри къыщыхэзгъэщат.

         2018 гъэм Санкт-Петербург къалэм уэрэд жыIэнымкIэ щекIуэкIа  «Вдохновение» дунейпсо зэхьэзэхуэм Емзэгъым щигъэзэщIащ Магомаев Муслим и «Синяя вечность» уэрэдыр икIи саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрми уэрэджыIакIуэ щIалэщIэм и зэфIэкIхэр къыщалъытащ:  «Си Хэкум и макъ» фестивалым «УэрэджыIакIуэ нэхъыфI» и унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. Абы къыкIэлъыкIуэу ехъулIэныгъэ къыщигъэлъэгъуащ Псыхуабэ илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «Дарование» дунейпсо зэхьэзэхуэм.

         ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Емзэгъ Руслан Москва дэт ЩэнхабзэмкIэ къэрал институтым и магистратурэм и щIэныгъэм щыпищащ. Абы щеджэхукIи  Руслан и зэфIэкI еблэжакъым: «Хэкум и пашэныгъэ», «Урысей лъэрызехьэм дрикъэкIуэнщ» зэпеуэхэм етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ, адыгэхэм я лъэпкъ уэрэдыжьхэм ятеухуа и тхыгъэр 2020 гъэм Москва къыщыдэкIа «Иджырей макъамэ-егъэджэныгъэ IэнатIэм лъэпкъ щэнхабзэхэр зэрыщызэдэгъуэгурыкIуэр» зыфIаща журналым къытехуащ.

         Илъэс зыбжанэкIэ щIалэр щылэжьащ Налшык къалэм дэт, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ  «Лэгъупыкъу» центрым. Абы и хъуэпсапIэщ уэрэд жыIэнымкIэ сабийхэм папщIэ студие къызэригъэпэщыну.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз