ПШЫНЭМ И ГУАЩЭ!

Пшынэ макъым гур егъэпIейтей, лъэр щIегъэкI… пшынэ макъым уегъэгупсысэ. Адыгэ пшынэр пшынауэ Iэзэм иIыгъмэ, гури псэри ихьэхуу егъэбзэрабзэ. БырмамытI Гуащэкъарэ пшынауэным къыхуигъэщIа хуэдэт. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ БырмамытI Гуащэкъарэ лъэпкъ щэнхабзэр зыIэтахэм ящыщщ. I928 гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. БырмамытI Хьисэ и хъыджэбз цIыкIухэм пшынэ къащыхуищэхуам, я къуажэм пшынэ зиIэу дэсыр а зы унагъуэрт. Хъыджэбз нэхъыжьитIыр пшынэ еуэфырти, нэхъыщIэ цIыкIур – Гуащэкъарэ - абыхэм ехъуапсэрт. Ар яфIэцIыкIути, пшынэ Iэпэхэр щIигъэуэнкIэ, унагъуэр зыщысхь пшынэр икъутэнкIэ гузавэ нэхъыжьхэм ар ягъэпщкIурт. Ауэ дэнэт? Шыпхъу нэхъыжьитIыр лэжьакIуэ зэрыкIуэу, пшынэр къигъэкIуасэрти, зэригъэшхырт. НэхъыжьитIыр пшынэм щеуэкIи, ар набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт.

Гуащэкъарэ къыдэкIуэтейри, пшынауэ Iэзэм и цIэр республикэм щызэлъэIэсащ. ХьэгъуэлIыгъуэ зиIэм БырмамытI Гуащэкъарэ пшынэ яхуеуэмэ, егъэлеяуэ я гуфIэгъуэр дахауэ арат. Гуащэкъарэ пшынауэу хагъэхьауэ щытащ уей-уей жезыгъэIэ «Кабардинкэ» ансамблым. «Кабардинкэр» хамэ къэралхэм ирагъэблагъэрт, Гуащэкъари абы я пшынауэ Iэзэт. Арати, бзылъхугъэм и цIэр дунейм щыIуащ. И закъуэуи къэрал куэдым ирагъэблагъэурэ щыхьэщIащ. Югославием, Сирием, Иорданием, США-м, Финляндием, Болгарием адыгэ пшынэм и макъыр щигъэIуащ Гуащэкъарэ.

Къармэхьэблэ унагъуэ щыхъуа нэужь, БырмамытI Гуащэкъарэ «Кабардинкэм» къыхэкIыжащ. Къуажэм щэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу зэрылэжьам и фIыщIэкIэ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэр яIэ хъуат, зэпеуэу зыхыхьэхэм, абыхэм бжьыпэр щаубыду.

ПщIэрэ щIыхьрэ щигъуэтащ Гуащэкъарэ республикэм. Гуащэкъарэ, пшынэм и гуащэ! Гуапэу ягу къагъэкIыж, и пшыналъэхэм щIодэIуж!

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз