САБИЙ ЗЕИНШЭХЭМ Я IУЭХУМ ИРИПСЭЛЪАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щызэхэтащ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор.

Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ щIыналъэм ит ухуакIуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ къулыкъущIапIэм сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэр зыщхьэщымыт ныбжьыщIэхэмрэ ядэлажьэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз. Абы и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, сабий зеиншэхэр псэупIэ унэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэпымыууэ ирагъэкIуэкI. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм илъэс къэс зэхьэзэхуэ ирегъэкIуэкI сабий зеиншэхэр зыщIэсын унэ къахуэщэхуным хуэунэтIауэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэ мы махуэхэм щокIуэкI Май щIыналъэм. Ауэ щыхъукIэ, дэ гу лъыдмытэу къанэркъым абдеж щекIуэкI аукцион зэхьэзэхуэм хуэдэ мыдрей щIыналъэхэми къыщызэгъэпэщын зэрыхуейм. 2023-2024 гъэм къриубыдэу зеиншэхэр зыщIэсын псэупIэ унэ къахуэщэхуным ехьэлIауэ аукцион зэхьэзэхуэхэр щедгъэкIуэкIынущ Бахъсэн, Шэджэм, Аруан щIыналъэхэм, ар къыщызэдгъэпэщынущ Налшык къалэми», - жиIащ Мокаев Ашэмэз.

Министрым и къуэдзэм къызэрыхигъэщамкIэ, аукционым и хъыбарыр къулыкъущIапIэм интернетым щиIэ и напэкIуэцIым кърагъэувэ, псэупIэ унэхэр зыщI IуэхущIапIэхэм зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэ, адэкIэ, щыIэ Iэмалхэм елъытауэ, ухуэныгъэхэр ирагъэжьэну хуитыныгъэ ухуакIуэхэм ярет е ар зэрыдаIыгъынумкIэ хъыбар яIэрегъэхьэ.

Мокаев Ашэмэз зэрыжиIамкIэ, псэупIэ унэхэр Iэмалыншэу щыIэ санитар икIи техникэ мардэхэм хуэкIуэу щытын хуейщ. «Япэрауэ, псэупIэм и инагъыр метр зэбгъузэнатIэ 33 нэхърэ нэхъ мащIэ хъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы къищынэмыщIауэ, унэр зратынур абы занщIэу щIэтIысхьэфын хуэдэу зэгъэпэщауэ, псэупIэ унэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хиубыдэу, унапIэм къэрал тхылъымпIэхэр пылъу, ущыпсэуну Iэмал къуэзыт коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэкIуауэ, техникэ икIи санитар Iэмэпсымэхэр щIэшауэ щытын хуейщ», – жиIащ Мокаев Ашэмэз.

ЗэIущIэм аукционыр зэрекIуэкIыну финанс щIыкIэхэми щытепсэлъыхьащ. Къыхэгъэщын хуейщ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэр зыщхьэщымыт ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ псэупIэ унэхэр къэщэхуным текIуадэ мылъкур щIыналъэм урысейпсо бюджетым къыхэкIыу къызэрыIэрыхьэр, зы метр зэбгъузэнатIэм сом 46-рэ хуэзэу къызэрыхэкIыр. Абы къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым къыхэкIыуи ухуэныгъэхэм сом халъхьэ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз