ЖЬЫ ХЪУАХЭР ЗЭРАХЪУЭКI

Къэбэрдей-Балъкъэрым электрокъару зэрыкIуэ кIапсэу, абыхэм киловатту яIыгъым и куэдагъым емылъытауэ, псори зэхэту километри 153,7-рэ блэкIа илъэсым къриубыдэу зэрихъуэкIащ «Россети Северный Кавказ»-м.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ энергетикэм епха ухуэныгъэхэр тэмэму къэгъэсэбэпыным, абыхэм якIэлъыплъыным, щыIэ хъу ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжыным ехьэлIа техникэ мардэхэм япкъ иткIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, IэщIагъэлIхэм километри 103-м щIигъум щызэрахъуэкIащ жьы хъуа ток кIапсэхэр, абыхэм я пIэкIэ пкъохэм фIадзащ хьэфэхэкI зэшэкIа иджырей кIапсэфIхэр. ГъэпщкIуауэ электрокъару къыхэпшын мурадкIэ абыхэм уахэIэбэфынукъым, абы и фIыгъэкIи хэщIыныгъэу яIэ хъур игъэмэщIэнущ. А псом къадэкIуэу, уэздыгъэр щIэшэныр, зэпыча кIапсэхэр зэпыщIэжыныр, абы епха нэгъуэщI Iуэхухэри зи лэжьыгъэхэм ток къеуэнкIи шынагъуэ щыIэкъым. 
Абы нэмыщI, жьы хъуауэ, къэуэнкIэ шынагъуэ къабгъэдэкIыу пкъо мин 1,3-м, изолятору мини 3-м щIигъу компанием и лэжьакIуэхэм нэгъабэ зэрахъуэкIащ. Гъуэгубгъум къыIут жыгыжьхэр, къуацэ-чыцэр, и кIыхьагъкIэ гектар 20-м щIигъур, ираупщIыкIащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэми куэдкIэ елъытащ щIыналъэм и цIыхухэм яIэрыхьэ электрокъарум и фIагъыр зыхуэдэнур икIи щахъумэнущ токым ехьэлIа къэхъукъащIэ шынагъуэхэм.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «Россети Северный Кавказ»-м и къаруукIэ, абы нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр къыхамышэу, ахъшэ лей трамыгъэкIуадэу. 
 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ