Статьи на кабардинском языке

КЪЭРАЛЫГЪУЭМ ШЭСЫПIЭ ХУЭХЪУ ТХЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ а Iуэхугъуэм ехьэлIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ гъэщIэгъуэн къыдигъэкIащ иджыблагъэ КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэм.

УРЫСЕЙ ГВАРДИЕР ЖУРНАЛИСТХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и лэжьакIуэхэр Урысей печатым и махуэм я хьэщIащ къадэлажьэ журналистхэм. Ахэр щызэхуэзащ Печатым и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым

НОБИ ЯХУЗЭХЭГЪЭКIКЪЫМ

Зеикъуэ къуажэм пэгъунэгъу лъагапIэхэм къыщагъуэта бгъуэнщIагъ нэхъ иным къыбгъэдэт Iуащхьэхэм ящыщ зыр пирамидэ IэрыщIым зэрещхьым гу лъатауэ щытащ а жылэм щыщ щIалэхэм. Ахэр Тенджыз Азэмэт, Соблырхэ Арсен, Алим сымэщ.

Я МАХУЭМКIЭ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай  я IэнатIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ. 

ЯПЭ ИТАХЭМ ЯХУЭФАЩЭУ

Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэр 1943 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъыр зэрагъэуврэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ. Къуажэкум ит мывэскъар лъагэшхуэр къуажэдэсхэм я кIуапIэщ, зэхуэсыпIэщ, щIэж хъумапIэщ.

ТКIУАТКIУЭ ЛЪАПIЭХЭР

Дунейм къыщагъэсэбэп ткIуаткIуэхэм яхэтщ егъэлеяуэ лъапIэхэр, уеблэмэ дыщэм и уасэм пэгъунэгъу хъухэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм щхьэкIэ, бзылъхугъэхэм я Iэбжьанэхэр зэралэ лэчыр. Сыт щхьэкIэ, ар апхуэдэуи лъапIэкъым, дэтхэнэми къыщищэхуфкIэ жыпIэуи уегупсыс хъунущ. Ауэ ар пуд зыщIыр мащIэ дыдэурэ фIэкI ящэркъыми аращ. Зы Iэбжьанэ лэч литрым и уасэщ сом мин 40-50 хуэдиз.

БАЛЪКЪЭРХЭР ЕЗЫМ ЯФIЭФIУ УРЫСЕЙМ ЗЭРЫГУХЬАР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Музыкэ къэрал театрым махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, балъкъэрхэр езым яфIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэси 196-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЗИ УНАГЪУЭР НАСЫП КIУАПIЭ ХЪУН

Сабий кIэщIущым гъащIэм хэзагъэ, абы ехъу­лIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ цIыху хъар­зынэ, IэщIагъэлI нэс къищIыкI хабзэщ. ТIэкIу пхъашэIуэ хъуми, «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ» псалъэжьыр уигу къигъэкIыу.

ЗОЧЭНДЖЭЩ КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ И ХАБЗЭУБЗЫХУ IЭНАТIЭХЭР

Кавказ Ищхъэрэм и Парламент зэгухьэныгъэм и советым и зэIущIэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ.

КЪАЛЭНЫМ ХУЭПЭЖХЭР

КъБР-м щыIэ МВД-м щагъэлъэпIащ зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа я лэжьа­кIуэ­хэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке