ЗИ УНАГЪУЭР НАСЫП КIУАПIЭ ХЪУН

Сабий кIэщIущым гъащIэм хэзагъэ, абы ехъу­лIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ цIыху хъар­зынэ, IэщIагъэлI нэс къищIыкI хабзэщ. ТIэкIу пхъашэIуэ хъуми, «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ» псалъэжьыр уигу къигъэкIыу. Нэгъэсауэ, балигъым игу къэмыкIын жыхуэпIэм хуэдиз зэригъэзахуэу сабийр щыщытым и деж, зы бэлыхьлажьэ къэхъун хуейщ абы нэгъуэщI гъуэгукIэ дичыхын папщIэ е, ди жагъуэ зэры­хъунщи, и Iуэхухэр къыдэзыIыгъын, щIэныгъэм гу хуезыгъэщIын имыIэххэну аращ. Насып иIэти, тIум хуэдэми пэIэщIэ хъуащ зи ныбжьыр илъэситху иримыкъуу курыт школым щIагъэтIыс­хьауэ щыта, Сэрмакъ къуажэм щыпсэу Лыджы­дэ ­Хьэбил и унагъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIур…

Сэрмакъ къуажэм и етIуанэ курыт еджапIэрат Марьям щIэныгъэм пэублэ хуэхъуар. Зыхэтым хэзагъэу, къыжраIэр игъэзащIэу, егъэджакIуэхэм я гукъанэ къимыхьу къиухащ абы школыр. Медколледжым и фельдшер-акушер къудамэм псэкIэ къыхиха лэжьыгъэм зыщыхигъэгъуазэри, еджапIэм ар игъэкIуащ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм. ИлъэситI-щыкIэ ар лэжьащ патронаж акушеркэу (сабий къалъхуагъащIэхэм я узыншагъэр къипщытэу). КъыкIэлъыкIуэ илъэс щэ­щIым ар фельдшеру щытащ. Иужьрей илъэс тIо­щIым нэблагъэм, пенсэм тIысыжыху, акушеркэу лэ­жьащ. ФIыуэ илъагъу IэнатIэхэм ар пэрытащ илъэс 51-кIэ. 
Къалэн къыщащIыр нэхъыфI дыдэм хуэдэу зэ­рызэфIигъэкIыным яужь ит бзылъхугъэм, ар нэгъэсауэ къызэхъулIэ IэщIагъэлIым Къулъкъужын Ипщэращ и унагъуэ насыпри здэщыIэу къыщIэ­кIар. Ар Емкъужхэ нысэ яхуэхъуащ, и щхьэгъусэ Резуанрэ Марьямрэ дыгъэм хуэдэу бынищ - хъы­джэбзитIрэ зы щIалэрэ - зэдапIащ, ирагъэджащ, унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжащ. Быным я нэхъыжь Iэсият педагогикэ колледжыр, КъБКъУ-м и филологие факультетыр къиухащ, иджыпсту ­Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и еплIанэ школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щрегъаджэ. ХьэIишэт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык къалэм дэт гимназие №4-м анэдэлъхубзэр щрегъэдж. Хьэчим Ростов милицэ школ къыщиухащ, хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм ящыщ зым къулыкъу щещIэ. 
Лэжьыгъэм, щIэныгъэм къыпхилъхьэ гухэхъуэр зэрыиныр, зэрыгуапэр дощIэ. АтIэ бзылъхугъэм и дежкIэ нэхъ насыпышхуэу къыхуэгъэщIынум ящыщ­къэ унагъуэр, быныр?! А къулеигъэм щызу хэплъэ Марьям и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну тхьэм жиIэ. 
- Сэ лэжьапIэ сыщыува 1978 гъэм лъандэрэ соцIыху Марии (дэ аращ дызэреджэр), зы пIэмрэ зы хьэлымрэ ит цIыхущ ар. НэфIэгуфIэщ, псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ, зэхэщIыкI зиIэщ, - жеIэ илъэс куэдкIэ ар зыдэлэжьа Iэхъуэбэч Марьят. - Зэрылэжьа ­зэманым къриубыдэу си фIэщ хъуркъым абы зыгуэрым и жагъуэ ищIауэ. Къыщыгугъым ифI иригъэкIыу, лъэIукIэ зыкъыхуэзыгъазэм и Iуэху дигъэкIыу, гуныкъуэгъуэ зиIэм псалъэ дахэ къыхуи­гъуэту апхуэдащ. ЖыпIэнурамэ, зы уна­гъуэшхуэм хуэдэу дызэхэтти, гупыр зыгъэгуп цIыхут, абы и Iей къызыхэкIын зы псалъи игъащIэм и жьэм къы­жьэдэкIауэ зэхэтхакъым. ФIыщIэ, ­щытхъу тхылъ­хэри мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ, ауэ ахэракъым сэ Марие и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэс­лъытэр, атIэ и унагъуэ дахэрщ, езым ехьэлIауэ къызэринэкIа, къытхуигъэна гукъэкIыж гуапэхэрщ. Си узыншагъэр пэлъэщыжыркъым, жиIэри пенсэм тIысыжауэ аращи, къару къигъэ­хъуапIэ и бынхэр хуэхъуу илъэс куэдкIэ ящхьэщы­тыну сыхуо­хъуахъуэ. 
Лэжьыгъэ IэнатIэ къепхьэлIэрэ апхуэдэ псалъэ гуа­пэхэр къыпкIэлъыжаIэу гупым укъыхэкIыжы­ныр насыпу къызолъытэри, насып кIуапIэ и уна­гъуэр ­хъуну, бын гуфIэгъуэ щымыщIэну, абыхэм зэрызащIигъэкъуэфын узыншагъэрэ гукъыдэжрэ щы­мыщIэну си гуапэщ. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ