Я МАХУЭМКIЭ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай  я IэнатIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ. 

 - Къыщызэрагъэпэща зэманым щегъэжьауэ прокуратурэм и органхэр къэралым и щIэгъэкъуэн пэжу йокIуэкI, ар законым къыщхьэщож, цIыхубэр щхьэзыфIэфIагъымрэ хабзэншагъэмрэ ящехъумэ икIи абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и хабзэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я фIыгъуэм къыщхьэщыжынырщ.  
 Хабаров Николай къыхигъэщхьэхукIащ прокуратурэр зы унафэм щIэт IэнатIэ зэкъуэту зэрыщытыр икIи цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ, къэралым и Конституцэмрэ федеральнэ законхэмрэ къагъэув Iуэху нэхъыщхьэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэу къызэрекIуэкIыр. 
Прокуратурэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ куэдкIэ елъытащ цIыхухэм законыр я фIэщ зэрыхъур, цIыхубэм къащхьэщыжынымкIэ къэралым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр.
Хабзэр хъумэным кIэлъыплъ ведомствэм илъэс куэдкIэ зэтеува IэкIуэлъакIуагъ бгъэдэлъщ. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд ялэжьащ зэман кIыхькIэ IэнатIэ мытыншыр езыхьэкIа ветеранхэм. Республикэм и прокурорым къыхигъэщхьэхукIащ апхуэдэ цIыху гъуэзэджэхэм, зэман нэхъ гугъу дыдэхэми зи къалэнхэр емызэшыжу зыгъэзэщIахэм, нобэрей лэжьакIуэхэр зэрыригушхуэр. Абы жиIащ Урысей къэралыгъуэр адэкIи гъэбыдэнымкIэ, законыр ди гъащIэм и лъабжьэу сытым и дежи щытынымкIэ ведомствэм нобэ щылажьэ цIыхухэм яхузэфIэкI къызэрамыгъанэр.
- Ветеранхэм, прокуратурэм и нобэрей лэжьакIуэхэм фIыщIэ ин яхузощI, - и псалъэм и кIэухыу жиIащ Хабаров Николай. - Я IэщIагъэм зэрыхуэпэжым, къабгъэдэхуэ къалэнхэр гъэзэщIэным хьэлэлу зэрыбгъэдэтым папщIэ. СигукIи си псэкIи псоми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну, Урысейм и фIыгъуэр гъэбэгъуэным хуэлэжьэнымкIэ къулыкъу мытыншым ехъулIэныгъэщIэхэр къыщахьыну. 

Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ