«НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я УЗЫНШАГЪЭМРЭ ШЫНАГЪУЭНШАГЪЭМРЭ»

Апхуэдэ фIэщыгъэр иIэу Урысей МВД-м ирегъэкIуэкI мазэ лэжьыгъэ. Ар хуэунэтIащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ наркотикым демыгъэхьэным, абы зыпыIуегъэдзыным. А къэралпсо акцэм жыджэру хэтщ ди республикэм и еджапIэхэри.
Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэр апхуэдэ мурадкIэ иджыблагъэ яIущIащ Дзэлыкъуэ жылэм дэт курыт школым и класс нэхъыжьхэм щеджэхэм икIи а ныбжьыщIэхэр наркотикым демыгъэхьэным, щIэпхъаджагъэхэр емыгъэлэжьыным ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ. Лэжьыгъэм жыджэру хэтащ курыт школым и егъэджакIуэхэри абы и унафэщIхэри.
Полицейхэм школакIуэхэм гурагъэIуащ наркотикхэм Iэпкълъэпкъым зэраныгъэу ирахыр къыпхуэмылъытэным хуэдизу зэрыиныр, ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр абыхэм зэрызэтракъутэр. Апхуэдэу хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр шэщIауэ тепсэлъыхьащ наркотикхэр, цIыхум и псантхуэм зэран хуэхъу нэгъуэщI пкъыгъуэхэр зэхьэлIэным, ахэр хъумэным, зегъэкIуэным пылъ административнэ, уголовнэ жэуапхэр зэрыткIийм.
НыбжьыщIэхэм яфIэхьэлэмэтт зэIущIэхэм къыщаIэт Iуэхугъуэ псори. Абыхэм ята упщIэхэм жэуап зэпкърыхахэр щагъуэтащ зэхуэсхэм.
Хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ псэукIэ узыншэ ирагъэкIуэкIыну, физкультурэмрэ спортымрэ гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну, апхуэдэу ехъуэхъуащ еджэныгъэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну. ШколакIуэхэм хьэщIэхэр къагъэгугъащ кърата чэнджэщхэм тетыну икIи къыдрагъэкIуэкIа псалъэмакъ щхьэпэхэм папщIэ абыхэм фIыщIэ ин хуащIащ.
«НыбжьыщIэхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» урысейпсо акцэм къриубыдэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр мыгувэу щрагъэкIуэкIынущ ди республикэм хыхьэ адрей щIыналъэхэм щылажьэ курыт еджапIэхэми.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.