КЪАЛЭН ЛЪАПIЭР - ЩIЫХЬЩМазаем и 23-м Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. Ар 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр. ЗэрыжытIащи, нэхъапэм ар Дзэ Плъыжьыр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэу екIуэкIащ. АбыкIэ къагъэлъэгъуэну хуейт 1918 гъэм а махуэм IэщэкIэ зэщIэузэда гуащIэрыпсэухэм нэмыцэдзэхэр Псковрэ Нарвэрэ я зэхуакум деж къызэрыщызэтрагъэувыIар. Тхыдэм сыт и лъэныкъуэкIи хэт хуейми хэпсэлъыхь щыхъуа лъэхъэнэм абы теухуауэ жаIэр нэгъуэщIщ. Сыт хуэдэу щымытами, 1923 гъэм мазаем и 5-м Республикэм и Реввоенсоветым и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, мазаем и 23-р ягъэуващ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я махуэу. Абы лъандэрэ лъапIэ дыдэу къалъытэу щытащ зи гугъу тщIы махуэр. Уеблэмэ ар нэгъуэщI къэралхэми щалъытэрт. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|