ЕЗЫХЭМ ЗЫКЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Налшык къалэ дэт «Син­ди­ка» хьэщIэщым ще­кIуэ­кIащ «Бизнес-старт-2021» зыфIаща щIыналъэ зэ­хуаку форумыр. «Хьэры­чэт мащIэмрэ курытымрэ ­за­­щIэгъэкъуэнымкIэ» лъэпк­ъ проектыр гъэзэ­щIэ­­ным хуэгъэзауэ ­лэ­жьыпхъэхэм хыхьэу, ­КъБР-м «Хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ центр» зи фIэщыгъэ щIыналъэ фондым игъэхьэзыра зэIущIэр зэхэшэнымкIэ ­щIэ-­ гъэ­къуэн хъуащ респу­б­ли­кэм Экономикэ ­­­зыу-­ ­жьы­ныгъэмкIэ и ми­нис-­­ терст­вэмрэ абы къедза IуэхущIапIэхэмрэ.

Зэхуэсыр къызэIузыхахэм къызэрыхагъэщауэ, Iуэху­гъуэр мы гъэм илъэс ещанэ хъуауэ йокIуэкI, абы къыдэкIуэуи, зи щхьэ хуэ­лэжьэж хьэрычэтыщIэхэм, еджакIуэхэм, студентхэм, зи пенсэ кIуэгъуэ хъуахэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.
КърихьэлIахэм фIыщIэ пса­лъэкIэ захуигъэзащ ­КъБР-м экономие зыужьы­ныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ.
- Иужьрей лъэхъэнэхэм, зэрынэрылъагъущи, унэ­тIы­ныгъэщIэрэ хэкIыпIэ­щIэу къэунэхухэм я бжыгъэр, дызыщыгуфIыкIын хуэ­дизу, куэд дыдэщ. Ауэ щыхъукIи, мыбдежым щIалэгъуалэр нэшхуэгушхуэу зэрыщытлъагъур дэркIэ гуфIэгъуэщ. Мы зэманым ирихьэлIэу, республикэм зи щхьэ хуэлэжьэжыну хуейхэм ящыщу ди деж зыщезыгъэтхахэм я бжыгъэр мин 12-м щхьэдэхащ, - къыхигъэщащ министрым и ­къуэдзэм.
Апхуэдэуи, Белецкая Ольгэ и гугъу ищIащ зытеп­сэлъыхь Iуэху зехьэкIэм фIагъыу хэлъхэми, лэжьыгъэкIэ зыкъызэзы­гъэ­пэ­щыж­хэм КъБР-м Бжыгъэ Iэмалхэм зыщегъэу­жьы­ным­кIэ и министерствэр щIэ­гъэкъуэн къазэрыхуэ­хъу­­нури (я компьютерхэм къыщагъэсэбэпыфыну про­г­­раммэу ди къэралым щызэхагъэувахэр къыщащэхукIэ).
Зэхуэсым и лэжьыгъэм адэ­кIэ къыпищащ хьэрычэт мащIэмрэ курытымкIэ ­ехъу­лIэныгъэ щызыгъуэта IэщIагъэлIхэм я къэп­сэлъэ­ныгъэкIэ. Къызэхуэсахэм ахэр «ядэгуэшащ» я лэжьыгъэм къащыхуэщхьэпа Iэмалхэр зыхуэдэхэмкIэ, я Iуэху зехьэкIэм бгъэдыхьэ­кIэщIэу къыщагъэсэбэпхэми я гугъу ящIащ.
«Хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ центр» щIыналъэ фондым и унафэщI ­Дыду Мадинэ зэхыхьэм ­кърихьэлIахэр щыгъуазэ ­хуищIащ «Си хьэрычэт» зыфIаща центрым зыхуэзыгъазэхэр зыщыгугъ хъуну щIэгъэкъуэныгъэр зыхуэдэми, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр унэтIыныгъэщIэу зэ­ры­щытри абдежым къыщыхигъэщащ.
Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIи ядэгуэшащ КъБР-м и «Сату-промыш­леннэ палатэ» зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэ­дзэ ГъукIэлI Мурат, республикэм ТриатлонымкIэ и федерацэм и Iэтащхьэ, шхапIэ зыбжанэм я уна­фэщI Iэпщэ Руслан, МСП ахъшэ хъумапIэм и лIыкIуэ Байсултанов Асхьэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсым и кIэм «2021 гъэм и социальнэ проект нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэр щагъэпэжащ, тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи щахуэупсащ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.