ЩIыуэпсым тепсэлъыхь хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм иужьрей илъэситI- щым и гугъу ящI Австралием щыпсэу цIыхухэм дыдыкъушхэм я щхьэ зэрыщIрагъэхьам. Сыту пIэрэ иджыри къэс мэзым щIэса бзухэм я псэупIэр щIахъуэжар?
Дыдыкъушхэм (попугайхэм) ятеухуауэ дэ тщIэр абыхэм цIыхум и псэлъэкIэм зыпащIыжурэ, жыпIэр жаIэжу зэрыпхуегъасэрщ. Ди дежкIэ ахэр апхуэдизкIэ щымащIэщи, тыкуэным къыщыпщэхуу фIэкIа, ахэр уэрамым щызелъатэу ди нэгу къытхущIэгъэхьэххэркъым.
Австралием щыпсэухэм ар я фIэщ мыхъункIи хъунущ, сыту жыпIэмэ, дыдыкъушхэм мы щIыпIэр я хэкущ. Ауэ иужьрей зэманым мэзым щIэмызэгъэж бзухэм цIыхухэм къахыхьэн щIадзащ.
«Какаду», «кореллэ» жыхуаIэ лIэужьыгъуэращ зи псэупIэри зи хьэлри зыхъуэжу, Австралиер «бзу бэлыхь» хэзыдзар.
«Дыдыкъушхэр егъэлеяуэ бзаджэу къытщхьэщолъатэри, псэупIи зекIуапIи къытхуагъанэркъым, - жаIэ цIыхухэм. – Iуэхур нэхъ гугъуж ещI какадухэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ бзухэм язу къэрал хабзэм къызэрилъытэр».
ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дыдыкъушхэм езыр-езыру я псэупIэр щахъуэжакIэ, иджыри къэс здэщыIам зыгуэр къыщыхъуауэ аращ. Профессор Каплан Гизеллэ къызэрилъытэмкIэ, ар ущIэгузэвэн Iуэхущ.
«Бзу 20-30 нэхърэ мынэхъыбэущ какадухэм къызэралъэтыхь хабзэр, - жеIэ профессорым. – Мы хъушэшхуэхэм бзу 1000-м нэс хэтщ».
Дыдыкъушхэр зэбгъэрыкIуа щIыпIэхэм хеубыдэ Сидней, Наурэ къалэхэр. Адэ-модэкIэ щытраха видео кIэщIхэм гу щылъыботэ бзухэм, цIыхухэм ящымышынэжу, хьэуар зэрауфэбгъур, уеблэмэ щIыр пэкIэ зэхатIыхьу дэнэкIи щыболъагъу. ЗэрыжаIэмкIэ, дыдыкъуш «къытехьахэм» къэралыгъуэм хэщIыныгъэу доллар мин пщIы бжыгъэхэр иратащ.
Сыт и щхьэусыгъуэнкIи хъуну иджыри къэс я «бзууупIэм» исыжа дыдыкъушхэр цIыхухэм къебгъэрыкIуэн зэрыщIадзам? Дымыгупсысэу щIыуэпсым лей зэретхым кърикIуа тезыру щымыту пIэрэ ар? Апхуэдэ упщIэм ухуешэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ Австралием махъшэ мини 10-м нэс щамыукIыу зэрымыхъунумкIэ къэрал унафэ къыщащтауэ зэрыщытам. Хыр зи хъуреягъ континентым куэдыIуэ хъуа махъшэхэм я зэранкIэ зэфэн псы яримыкъужынкIэ къыщалъытэри, лажьэ зимыIэ псэущхьэхэр зэтраукIащ. ЩIыпIэм и щIыуэпсыр зыхуэдэр къахутэн папщIэ, XIX лIэщIыгъуэм къашауэ щытащ махъшэхэр Австралием. ЦIыхум и гурей-гурыфIыр кIуэдыпIэ пхуэхъуныр Iуэхушхуэкъэ, уи бзэр мыпсалъэмэ?
Жьыхурылъатэхэм ису къахэуэурэ, 2020 гъэм и закъуэ Автралием щаукIауэ щытащ махъшэ мини 5-м нэс. ХъыбарегъащIэхэм щамыбзыщIу, зи шэри зилри цIыхум къыхуэщхьэпэ апхуэдиз махъшэ зыукIахэм щэхуу зи псэ ягъэнар зыхуэдизыр зыми ищIэ къыщIэкIынкъым.
Австралие Ипщэм и тетхэм зэрыжаIэмкIэ, уэгъумрэ хуабэвэхымрэ и зэранкIэ, псы лъыхъуэ махъшэхэр цIыхухэр щыпсэу къуажэхэм дыхьэрт, арати, гъуэгухэм къытезэрыхьурэ, машинэхэр зэрамыгъэкIуэж хъуат, езыхэри псыежэххэмрэ гуэлхэмрэ хэлIыхьауэ къыщагъуэтыжырт. Аращ «Iэмалыншагъэм» и инагъыр здынэсыр.
«Япэ идгъэщын хуейр ди щхьэрщ, къарууншэ хъуа ди нэхъыжьхэмрэ сабийхэмрэщ. Ди щIыуэпсыр зэрызэхауфIейри щхьэусыгъуэхэм язщ» - апхуэдэ псалъэ дахэхэмкIэ заухеижащ захуагъэм ебэкъуауэ къызыщымыхъу унафэщIхэм. Езы щIыуэпсым цIыхум и щIыб къыхуигъэзэн хуэдизу лей епхыныр цIыхугъэм зэрыщымыщыр иджы «дыдыкъушыбзэкIэ» къыгурагъэIуэн хуей щIэхъуар арагъэнщ. «Хейм илъ хамэм ещIэж», жыхуиIэращ.
Чэрим Марианнэ.