РЕСПУБЛИКЭМ И КЪЭРАЛ ГЪУЭГУХЭР ЩIЫМАХУЭМ ХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгъухэр щIымахуэ лъэхъэнэм хуагъэхьэзыращ.

Абы папщIэ гъуэгухэм кIэлъыплъынымкIэ «Кавказ» къэрал IэнатIэм къигъэсэбэпащ техникэ щхьэхуэ 52-рэ: КамАЗ-у 31-рэ, экскаваторрэ погрузчику 12, гъуэгур зэратхъу,  зэтес зэращIу 9-рэ. Лэжьыгъэр нэхъ зэкIэлъыхьауэ екIуэкIын папщIэ гъуэгу техникэхэр пащIащ Глоннасыр зи лъабжьэ зэрыкIэлъыплъ-диспетчер системэм.   

ЩIымахуэ лъэхъэнэм гъуэгум кIэлъыплъыным хыхьэ лэжьыгъэхэм къызэщIеубыдэ къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм уэс трихьахэмрэ уэсукхъуэмрэ тегъэкъэбзыкIыныр, Iумылхэр тримыщIэн папщIэ химие хэхахэр тракIутэныр. КъищынэмыщIауэ, лъэсырызекIуэ лъагъуэхэр, автобус къэувыIэпIэхэр ягъэкъабзэ, гъуэгу Iуфэм щызэтрихьа уэсхэр трах, гъуэгугъэлъагъуэ дамыгъэхэмрэ светофорхэмрэ хуэфэщэну лэжьэным кIэлъоплъ.

ЩIымахуэ гъуэгу Iумылым хухэхауэ ягъэхьэзыращ пшахъуэрэ шыгъурэ зэхэпщауэ тонн мин 17-м щIигъу. Абыхэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр лабораторэм щрагъэкIуэкIащ. 2021 гъэм и жэпуэгъуэм къыщыщIэдзауэ IэнатIэм къагъэсэпэпащ Iумылым зэребэн материал (ПГМ) тонн I600-рэ. ЩытыкIэ къызэрымыкIуэу дунейм зихъуэжмэ, ПГМ къагъэсэбэпым нэхъыбэу Iумылыр зыгъэткIу халъхьэ.  

ПсынщIэу щытыкIэр зэпIэзэрыт хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхьэзыращ гъуэгум трапхъэ зэхэлъ щахъумэ базэу 6.  Къэпщытэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм япкъ иткIэ наIуэ ящIащ дунейм и щытыкIэр къызэIыхьэмэ, гъуэгу зекIуэныр нэхъ гугъу щыхъуну щIыпIэхэр, абыхэм къазэрыпекIуэкIыну лъагъуэхэр къахутащ. Гъуэгу лэжьакIуэхэмрэ техникэ щхьэхуэхэмрэ папщIэ ягъэплъ къэувыIэпIэу 6-рэ автомашинэ къэувыIэпIэ хуабэу 4-рэ яухуащ.

Гулъытэ хэха нэхъ зыхуэфащэхэм ящыщщ шынагъуэншэу «Эльбрус» бгы лыжэ курортым зэрыхуэкIуэн гъуэгур (А-158 Прохладнэ-Бахъсэн-Эльбрус) гъэхьэзырыным. КъыдэкIуэу, турист унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ А-154 Аруан – Балъкъэр Ипщэ - Уштулу къэрал гъуэгур. Тралъхьа асфальтым и хуабагъым ирикIэлъыплъыну, жьым и псынщIагъымрэ здепщэ лъэныкъуэмрэ къахутэн папщIэ метеостанцэхэр ягъэуващ.  Гъуэгухэм кIэлъыплъынымкIэ «Кавказ» къэрал IэнатIэр зэтеублауэ долажьэ МЧС-м, ГИБДД-м, «Гидометеорологиемрэ щIыуэпсымрэ кIэлъыплъынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ управленэм».

Гъуэгу лэжьакIуэхэм автомобиль зезыгъакIуэхэр къыхураджэ дунейм и щытыкIэр къыщызэIыхьэхэм деж къыхуэкIуэ гъуэгу лъэныкъуэм техьэу япэ итым къыпежэкIыну иужь имыхьэну, псынщIэу транспортыр къамыгъэувыIэну. Автомашинэ зезыгъакIуэхэр икъукIэ сакъыпхъэщ, псынщIагъэмрэ япэ иту кIуэхэмрэ кIэлъыплъын хуейщ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.