КIэрыхубжьэрыхухэр зэрыдашым теухуауэ

«Щхьэусыгъуэ зэхуэ­мы­дэхэмкIэ къэралым и щIыналъэ 15-м иджы- ри щыхуэкIуакъым кIэ­рыху­бжьэрыхухэр зэ­-хуэ­хьэ­сы­нымрэ гъэсеи­нымкIэ IэмалыщIэхэм. Абыхэм мы зэманым лэ­жьыгъэ ядыдогъэкIуэкI икIи ды­зэрыт илъэсым и япэ ­мазищым къриубыдэу щIыналъи 6-м кIэрыху­бжьэрыхухэр ща­­гъэсеину IуэхущIапIэхэр ухуэн щы­зэ­фIа­гъэкIынущ», - къы­­хи­гъэ­щащ УФ-м щIы­уэпс хъу­гъуэфIыгъуэ­хэмрэ эко­ло­гиемкIэ и министр Кобылкин Дмит­рий.

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «Къэрал къабзэ» проектыр зэрагъэзащIэм теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм ми­нистрым зэрыщыжиIамкIэ, 2019 гъэм и мэлы­жьы­хьым ирихьэлIэу Урысейм и щIыналъэхэм я процент 90-р хуэхьэзыр хъунущ ­кIэ­рыхубжьэрыхухэр зэ­рыдашым епха зэхъуэ­кIы­ныгъэхэм. Апхуэдэу 2025 гъэ пщIондэ яухуэн хуейщ кIэ­рыхубжьэрыхухэр зэхэ­дзы­нымкIэ, гъэсеинымкIэ IуэхущIапIэ 95-рэ.

- Гугъуехьхэм емылъы­тауэ, УФ-м и щIыналъэхэм я процент 80-м мы зэманым лэжьыгъэр щызэ­тедублащ. Къэб­гъэ­лъа­гъуэ­мэ, щIыналъэ 70-м хуэдизым операторхэм лэ­жьэн щыщIадзащ. Псалъэм папщIэ, Севасто­поль къалэм и уна­фэщI­хэм нэхъ тэмэму къалъытащ зэхъуэкIыныгъэхэм еп­ха лэжьыгъэхэр 2022 гъэм намыгъэсу зэфIагъэкIыныр, - жиIащ къэп­сэлъам.

Министрым къыхигъэщащ 2025 гъэ пщIондэ къэрал псом кIэрыху­бжьэрыхухэр щызэхадз, ­къалэн куэд щагъэзащIэ комплекс 200 зэрыщау­хуэнур. Абы дыщIигъуащ а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи зыIууэ гугъуехьхэр унафэщIхэми жы­лагъуэ кIэлъыплъакIуэхэми зэгъусэу зэрызэхагъэ­кIыпхъэр. Къэпсэлъам зэ­рыжиIамкIэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу ягъэсей кIэ­рыху­бжьэрыхухэр про­-цент 36-м, щIэрыщIэу зэ­лэ­жьы­жынухэр процент 60-м нагъэсыну я мурадщ.

КъБР-м и Парламентым мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъу­мэнымрэ къэгъэсэбэ­пы­нымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мокаев Кемал Iуэхум теухуауэ нэхъ ипэ­кIэ жи­Iащ Къэбэрдей­-Балъкъэрым и Правитель­ствэм зэхигъэува акт щхьэхуэ­хэм япкъ иткIэ кIэрыху­бжьэрыхухэр зэрыдашынум теухуа зэгу­ры­Iуэныгъэ щIыналъэ опе­раторым зэрыращIылIар. КIэ­рыхубжьэрыхухэр нэхъыбэу щызэтрихьэ щIы­пIэхэр къапщытэн пап­щIэ, республикэр щыуэ ягуэшауэ мы зэманым лэ­жьы­гъэхэр ирагъэ­кIуэкI.

КъБР-м ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъуэгу Iуэху­хэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ Гъэсашэ Жам­болэт жиIащ 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ Къэбэрдей­-Балъ­къэрым жыджэру мы лэжьыгъэр зэрыщрагъэкIуэкIыр.

Гу зылъытапхъэ: «Къэ­рал къабзэ» Iуэхур хуэгъэзащ щIыуэпсыр къабзэ щIыным, хабзэм къе­мызэгъыу пхъэнкIий идзы­­пIэ ящI щIыпIэхэр гъэсеижыным, цIыхухэм псы къабзэ яIэрыгъэ­хьэ­ным, промышленнэ Iуэху­щIапIэхэм хьэуар ира­мы­гъэуцIэпIыным. Ап­хуэдэуи «Экология» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэм партым хэтхэр кIэлъоплъ. Депутатхэр йогупсыс Урысей Федерацэм и щIы­пIэхэми кIэрыхубжьэ­рыху­хэр зэ­хэдзауэ къыхэ­шы­ныр зэ­рызэтраухуэну щIы­кIэм.

Печонов Владилен.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.