ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ МОДЕЛЬЕР

Армани Джорджио и цIэр зэхэзымыха цIыху къэгъуэтыгъуейщ. Итальян дизайнерым модэм и дунейм хьэпшып телъыджэ куэд къыщигъэщIащ – ар щыгъын, зэрызагъэщIэращIэ, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып ирехъу. 
Дизайнер цIэрыIуэм и лэжьыгъэр къыщыщIидзар Милан универмагхэм языхэзырщ. И ныбжьыр илъэс 30 щрикъуам абы ищIэрт щэкIхэм я зэхэлъыкIэмрэ цIыхухэм щатIэгъэну яфIэфIымрэ. Аращ модельерым и Iэзагъым лъабжьэ хуэхъуари. Илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу езым и цIэр зезыхьэ цIыхухъу щыгъынхэр иду щIидзащ. 
Джорджио япэу игъэлъэгъуа щыгъынхэр цIыхухъу классикэ костюмхэрщ. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1975 гъэм, абы цIыхубз щыгъынхэр иду щIидзащ. А гъэрауэ жыпIэ хъунущ «Армани и империем» щIэдзапIэ хуэхъуар. Абы щыгъуэ дунейм къытехьащ Джорджио и цIэр зезыхьэ щIалэгъуалэ, спорт щыгъынхэр, зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр. Зы илъэс докIри, Италием цIэрыIуэ щыхъуа дизайнерым Голливуд зыкъыщигъэлъэгъуэну иужь йохьэ. Голливуд актерхэр зэщихуэпыкIыурэ, абы и цIэр дуней псом щыIуащ. Джорджио и костюмхэр, я щIыкIэкIи, я плъыфэкIи, къащхьэщокI а лъэхъэнэм щыIа щыгъынхэм. Гир Ричард, Коннери Шон сымэ «Жигало», «Красотка», «Неподкупные» фильмхэм зэрыхэтар Армани и костюмхэрщ. Абы и фэилъхьэгъуэхэр лэжьапIэми щыпщыгъыну екIуу, зыщыбгъэпсэхукIи тыншу къалъытащ. 
Илъэсих дэкIа нэужь, езым и цIэр зезыхьэ япэ фирмэ-тыкуэныр къызэIуех. "Giorgio Armani S.p.A" маркэм къызэщIиубыдэ хьэпшып, щыгъын псори щещэ. Апхуэдэурэ зеужьри, дуней псом фирмэ-тыкуэну мини 2 къыщызэIуех, зы илъэсым доллар зы меллард «игъэкIэрахъуэу». 1990 гъэм Армани и компаниер зэхигъэкIащ. "Giorgio Armani", "Emporio Armani" , "Mani" фирмэхэм уасэкIэ зэхуэмыдэ хьэпшыпхэр къыщIигъэкIыу щIедзэ, нэхъ къулейхэми, ику иту псэухэми, нэхъ къулейсызхэми къащэхуфын хуэдэу. 
Иджыпсту Армани щыгъын къыщIэзыгъэкI лини 6 иIэщ: Armani Junior, Armani Exchange, Armani Jeans, Armani Collezioni, Emporio Armani (Pret-a-porter), Giorgio Armani (Haute Couture). 
Армани Джорджио зригъэхъулIахэмкIэ арэзы хъууэ зэи тIысыжакъым. Арагъэнщ абы модэмкIэ и унэм цIыхубз, цIыхухъу щыгъынхэм нэмыщI, дыхухэр, зэрызагъэщIэращIэ, пэшхэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр щIыщIэлъыр. 
2002 гъэм "Forbes" журналым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ Армани Джорджио дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ дизайнеру зэрыщытыр. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.