Бабыщ гъэжьа, мыIэрысэ илъуБабыщ гъэкъэбзар зэгуамыгъэжу псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж. Бабыщ гъущам и щIыбми и кIуэцIми шыгъурэ шыбжийрэ фIыуэ щахуэ. АдэкIэ мыIэрысэр, нэхъ цIыкIуурэ къыхахри, ятхьэщI, якIхэр кърач, ялъэщIыж. МыIэрысэхэр бабыщ кIуэцIым иралъхьэри, псы щIыIэ тIэкIу иракIэж, бабыщыр мастэ-IуданэкIэ зэгуадэж. Тебэм тхъу тIэкIу щахуэ, бабыщ кудар, и щIыбыр егъэзыхауэ, абы иралъхьэ, псы тIэкIу щIакIэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъи 10 - 15-кIэ ягъажьэ. Бабыщылым занщIэу вэгъу дахэ къищтэн щхьэкIэ, хьэкулъэр пщтыру щытын хуейщ. Ар тхъуэплъ дахэ хъуа иужькIэ, мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъажьэ. Бабыщылыр жьамэ, и куэпкъым гуахъуэ е сапэ хэпIумэ щабэу хыхьэнущ, псы къыщIэжари яжьафэу щытщ. Ар хьэкулъэм кърахыжри, и щIыбыр егъэзыхауэ тепщэчышхуэм иралъхьэ, Iуданэхэр къыхахыж. Ар Iэнэм зэпкърыхауэ тебгъэувэми хъунущ, ауэ абы щыгъуэм лыр щIэхыу мэупщIыIу. ЩIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|