ГЪУНЭГЪУ РЕСПУБЛИКЭМ И ЩIЫПIЭЦIЭХЭМ ЯЗЫХЭЗЫМ ЕХЬЭЛIАУЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым и «Архъыз» курортым зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм иужьрей илъэс зыбгъупщIым хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэуи, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдар зэхэзыгъэкIыну хуейхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. 

АтIэми, гу лъыдмытэнкIэ Iэмал иIэкъым, иджырей Архъызым и Iэшэлъашэм къэрэшейхэр нэхъыбэу зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри, фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыным хуэпабгъэхэри куэду зэрыщыIэм. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм блэмыкIыфхэр Iуэхум и кууупIэм нэплъысыну, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхэзыгъэкIыну зи щхьэ тезымылъхьэжхэрщ. 
А псори зэуэ зы тхыгъэм щытхузэмыгъэзахуэми, Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщ зым, «Речепстэ» («Рычэпстэ») зи фIэщыгъэм, мызыгъуэгукIэ и гугъу тщIынщ. Апхуэдэу йоджэ Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и къуршылъэхэр зэпызыщIэ «Абишира - Ахуба» бгы шытх екIуэкIым къыщежьэ псы бгъунж цIыкIуми, ар зи лъабжьэ щIэж Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 3214-рэ и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псыхъуащхьэхэм уизышэ щхьэдэхыпIэми. Речепстэ псыр «Архъыз» цIэр зезыхьэм холъадэ. Архъыз Псыш хохуэж. Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ. 
«Абхъаз-адыгэ топонимикэр (щIыпIэцIэхэм ехьэлIа щIэныгъэр) щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщщ Инжыджышхуэ фIэщыгъэр зытеIукIа псышхуэм зыкъыщызэщIикъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэтщ Архъыз хэлъэдэж Речепста (Рычэпстэ) псы цIыкIум зэреджэр. ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIи къыдгуроIуэ. 
Апхуэдэу, япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ» - м, «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр (абхъазыбзэщ). ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та» - р, тIууэ зэщхьэщыхащи, япэр, «пс» («псы») – р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та» - р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ», - щетх тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков «Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории» («Кавказ КъухьэпIэм и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхугъуэхэр») и тхылъ гъуэзэджэм и 282-нэ напэкIуэцIым. 
ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхутэ-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Кавказым и топонимикэ псэлъалъэ» и тхылъым, 2011 гъэм къыдэкIам, зэрыщитхымкIэ, «Речепста» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псы бэкъу» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я