115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хэта зауэлIхэм я фэеплъу Тэрч къалэм дэтым деж иджыблагъэ пэкIу щекIуэкIащ. Ар траухуат илъэс 79-кIэ узэIэбэкIыжмэ, бадзэуэгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум ику пщIондэ Ростов областым хыхьэ Мартыновкэ районым и тафэхэм щызэуа, зи псэр абдеж щызыгъэтIылъа ди лъэпкъэгъухэр ягу къагъэкIыжыным.
Iуэхур къызэрагъэпэщащ Тэрч районым и Жылагъуэ палатэм и жэрдэмкIэ. Абы екIуэлIащ политикэ партхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ школакIуэ-хэм я урысей зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ.
Къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьа нэужь, дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ 115-нэ шу гупым хэта лIыхъужьхэм.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Тэрч районым и Жылагъуэ палатэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэу Тэрч районым щыIэм и унафэщI СокмыщIэ Арсен, Зауэм, лэжьыгъэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я ветеранхэм я район советым и тхьэмадэ Iэщыж Валерэ, КПРФ-м и район комитетым и президиумым хэт ТIыхъужь МуIэед, ДОСААФ-м и район IуэхущIапIэм и унафэщI Болэ Артур, афган зауэлIхэм къабгъэдэкIыу Къэжэр Хьэмыщэ сымэ.
Дэтхэнэми къыхигъэщащ 115-нэ шу дивизэм хэтахэм зэрахьа лIыгъэм и мыхьэнэуэ щытар, Сталинград ебгъэрыкIуэ зэрыпхъуакIуэхэм щхьэемыгъазэу ахэр зэрыпэщIэтар. Абдежым ягу къыщагъэкIыжащ икIи зырызыхэу я цIэ къыщраIуащ Тэрч щIыналъэм щыщу шуудзэм хэтахэм.
КIэрэф Мурадин къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Мартыновкэ щIыналъэм мызэ-мытIэу лIыкIуэ гупым яхэту зэрыщыIар, ди лIыхъужьхэм я кхъащхьэхэр зэрилъэгъуар, ахэр хуэсакъыу абы щыпсэухэм зэрызэрахьэр, а псор щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным теухуауэ зэрыщытыр. АдэкIэ «Юнармия» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм яритащ лъыхъуакIуэхэм Мартыновкэ районым и Iэгъуэблагъэхэм къыщагъуэта адыгэ сэшхуэм и къумрэ танкым кърагъэлъэлъа гильзэрэ. Ахэр зэгурыIуащ а щIэинхэр Тэрч къалэм дэт ТхыдэмкIэ унэм щIалъхьэну.
115-нэ шу дивизэм хэтахэм я фэеплъыр уахътыншэ щIын зэрыхуейр щыжаIащ пэкIум.