Китайм щыщ Цзецзе Инь Урысей Федерацэм къакIуэри, Пермь дэт Къэрал лъэпкъ къэхутакIуэ университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэтащ. ЗэрыцIыкIурэ литературэм дихьэх щIалэр китай, урыс тхылъ куэд еджащ икIи зригъэпщэн мурадкIэ, и щIэныгъэр Урысейм щыпищэм нэхъ къищтащ.
"Урысей Федерацэмрэ абы и цIыхухэмрэ нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну си нэ къикIырт, хамэ лъэпкъым и щэнхабзэр зэзгъэщIэну сыхуейт, сIурылъ урысыбзэр езгъэфIэкIуэну си хъуэпсапIэт, - жеIэ Перьм университетым ФилологиемкIэ и факультетыр къэзуха Цзецзе Инь.
А университетым и ныбжьэгъу пщащэ зэрыщеджэм къыхэкIыу, абы и чэнджэщкIэ еджапIэр къыхихащ щIалэм икIи бзэщIэныгъэмрэ литературоведениемрэ хуеджащ. Ар занщIэу дихьэхащ университетым, тхыдэшхуэ зэриIэр фIэгъэщIэгъуэн хъуащ. ИкIи иригушхуэу жеIэ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм стипендие ириту ди къэралым зэрыщеджар.
Инь и диплом лэжьыгъэр триухуащ Астафьев В.П., Руспутин В.Г. сымэ я IэдакъэщIэкIхэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, ахэри нэгъуэщI урыс тхакIуэ, усакIуэ куэди Китайм фIыуэ къыщацIыху.
ЩIалэр еджэу мыбы щыIэху китаибзэр яригъащIэу, зэдзэкIакIуэу лэжьащ. Творчетсвэм, спортым дихьэх студентыр жыджэру хэтащ студент гъатхэхэм, университетым и спорт пэшым зыщигъэсащ.
Цзецзе Инь кIуэжауэ Китайм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм ящыщ зым щолажьэ, езым зэрыжиIэмкIэ, Урысейм щызэригъэгъуэта щIэныгъэр абыкIэ сэбэпышхуэ хъуащ. Иджы абы фIыуэ илъагъу урысыбзэр нэгъуэщIхэм ирегъэдж.