КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ хабзэр хъумэным хуэгъэзауэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм и зэхуэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гъатхэпэм и 11-м иригъэкIуэкIащ ­Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм ­хабзэр щыхъумэным хуэгъэзауэ з­э­пымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу зэIущIэмрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэхуэс.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парла­ментым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, ­республикэм и хабзэхъумэ, кIэлъып­лъакIуэ органхэм, къарузехьэ IэнатIэхэм, министерствэхэм я унафэщIхэр, муни­ципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.
ЗэIущIэм зыщыхэплъэну къыхалъ­хьахэм ящыщт республикэм щыщыIэ криминоген щытыкIэр, жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ хабзэмрэ щIыналъэм къыщызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ 2021 гъэм къапэщыт къалэнхэр, щIэпхъа­джащIэхэм я зэран зэкIа цIыхухэм къащхьэщыжыныр, абыхэм я сэбэп зыхэлъ­хэр хъумэныр. А Iуэхухэр зэпкърахыу зэхуэсым къыщыпсэлъащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Потапов ­Андрей, КъБР-м граждан жылагъуэ Iуэ­ху­щIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр­ ­зыгъэзащIэ КIурашын Анзор.
Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ ­щIэпхъаджагъэу ялэжьыр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, абы къыдэкIуэуи хъыбархэр зэрызэIэпах технологиещIэхэр къагъэ­сэбэпурэ бзаджащIэхэм зэхащIыхьхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, ахэр зи Iэужьхэр щахузэхэмыгъэкIи куэдрэ къызэрыхъур. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэм я хъым имыхуэным хуаущийуэ цIыхухэм нэхъыфIу ядэлэ-жьэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм хэтхэм гулъытэ хэха хуащIащ лъэпкъ проектхэм къыхуаутIыпщ мылъкур зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпыным кIэ­лъып­лъыным.
Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэ щIы­кIэм и гугъу ящIу зэIущIэм къы­щып­сэлъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэ­хухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и ­лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м узын­шагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ­министр Къумахуэ Мухьэдин.
КъБР-м и Iэтащхьэм гулъытэ хэха ­хуищIащ Урысей Федерацэм и Президентым къалэну къахуигъэувахэм. Ахэр ехьэлIащ мылъкур щызэхадыгъуэ къэ­мыгъэхъуным, хьэгъэщагъэхэм и чэзум япэщIэувэным, Iулъхьэм пэщIэтыным, апхуэдэу лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным лъэпощхьэпо хуэхъу сыт хуэдэ ныкъуса­ныгъэри лъэныкъуэ егъэзыным. Республикэм и УнафэщIыр къытеувыIащ зэгурыIуэныгъэ зращIылIэу лэжьыгъэм ­еувалIэ къэрал организацэхэм жэ-уаплыныгъэ яхэлъыным, абыхэм я лэ­жьыгъэм и фIагъым нэхъ набдзэгуб­дзаплъэу кIэлъыплъыным, ухуэныгъэхэр ягъэува пIалъэм ирихьэлIэу ятынми я нэIэ трагъэтыным.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм со­циальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщы­жы­нымкIэ и министр Асанов Алим зэIу- щIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэсибл хъу­хэм сабий ахъшэхэр зэрырат щIыкIэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм, УФ-м и Президентым и УказкIэ къащтам. Иджы а ныбжьхэм къриубыдэ сабийхэм ират ахъшэр елъытауэ щытынущ унагъуэм щIэс псоми я хэхъуэм. «Указым къы­зэ­рыщыгъэлъэгъуамкIэ, сабий ахъшэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеину щIыналъэм щагъэувам и ­процент 50, процент 75-рэ е проценти 100 хъууэ щытынкIэ хъунущ, - жиIащ ми­нистрым. - Сабийр нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеину къалъытам и зэхуэдитIыр ­хуагъэуврэ ар унагъуэм щIэсхэр псэун ­папщIэ ику иту зыхуэныкъуэм нэмысмэ, сабий ахъшэр процент 75-рэ ящIынущ». КIуэкIуэ Казбек жиIащ а зэхъуэкIыныгъэхэм цIыхухэм я упщIэхэр къызэрырикIуэнур икIи къалэн ящищIащ ар зи­щIысыр псоми гурагъэIуэну, апхуэдэуи хуагъэув ахъшэхэр и чэзум иратыну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI