КъБР-м и Iэтащхьэр «КАМАЗ-мастер» командэм хэтхэм ехъуэхъуащ ахэр «Дакар» къызэдэжэм зэрыщытекIуамкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Instagram»-м щиIэ напэкIуэцIым щехъуэхъуащ «КАМАЗ-мастер» гупым хэтхэм, абыхэм я унафэщI ­Чагин Владимир сымэ, Сауд Хьэрыпым щекIуэкIа «Дакар» къызэдэжэм къыщахьа текIуэныгъэм папщIэ. «А ехъулIэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрми хэлъхьэныгъэ мыин зэрыхуищIар зыхэпщIэну икъу­кIэ гуапэщ!» - къыхигъэщащ абы.

Нэхъ пасэIуэу, къызэдэжэм и 11-нэ Iыхьэм щытекIуа Шибалов Антон зэхьэ­зэхуэм щытепсэлъыхьыжым жиIауэ щытащ зэпеуэр щекIуэкI щIыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм ейм зэрещхьыр, апхуэдэ дыдэ теплъэ дахащэхэр зэралъэ­гъуар. «Мыбы дзакIэ жан зиIэ мывэшхуэ дыдэхэр, псыхъуэхэр, хуейхэр щыкуэдщ, пшахъуэхэр щызэтрихьэ щIыпIэхэр иIэщ. Пшахъуэ Iуащхьэхэр гъэщIэгъуэнщ, лъагэ­хэщ, щыхупIэхэр иIэщ. Ди хэкум - Къэбэрдей-Балъкъэрым и теплъэхэр уигу къагъэкI. Псэр щогуфIыкI щхъуантIагъэм. Апхуэдэ щIыпIэхэм ущыблэкIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыбжыхь фIэкIа пщIэркъым. ИкъукIэ си гуапэщ илъэс кIуам а щIыналъэм дызэрыщыIар, сэбэп къытхуэхъуащ абы зэрызыщыдгъэсар. Зэрыщыту къапщтэмэ, хъарзынэу дыкъызекIуащ».
Фигу къэдгъэкIыжынщ «КАМАЗ-мастер» гупым зыгъэсэныгъэхэр 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щригъэкIуэкIауэ зэрыщытар.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI