«Iулъхьэ стыркъым! Iулъхьэ къеIысхыркъым!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт зэIущIэхэр ди республикэм хыхьэ щIыналъэхэм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI ГИБДД-м и инспекторхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм жы­джэру хэтхэмрэ. Ар ирагъэхьэлIэ Iулъ­хьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэм.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ купщIафIэхэр къы­щызэрагъэпэщащ Тэрч щIыналъэм. ГИБДД-м и инспекторхэм щIыпIэм щы­псэухэр къыхураджащ Iулъхьэ ямытыну икIи къыIамыхыну. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьым яхь хабзэ тезырми нэхъ ­гъунэгъуу цIыхухэр щыгъуазэ хуащIащ: ар Урысей Федерацэм и УК-м и 291-нэ статьям къыщыгъэлъэгъуащ. Абы ипкъ иткIэ Iулъхьэ зытам (къеIызыхам) къуэды тралъхьэ, сом мин 500 хъууэ е а къуаншагъэр зылэжьам зы илъэсым къриубыдэу къилэжь хабзэ и улахуэр яубыд. Апхуэдэу ирагъэпшын хабзэщ Iулъхьэу къыIихам хуэдитхум къыщыщIэдзауэ хуэдэ щэщIым нэс ахъшэ бжыгъэр. ЯгъэтIысынкIи хъунущ, илъэситIым нэс тралъхьэу. Iуэхум хэлъ ­нэгъуэщI щхьэхуэныгъэхэми щыгъуазэ х­уащIащ ахэр.
Полицейхэм цIыхухэм хуагуэшащ тхылъ цIыкIухэр, Iулъхьэ тын-къеIыхыным епха хъыбар гуэрхэр ящIэмэ, зыхуэфащэ IэнатIэхэм абы тет телефон номерымкIэ хъыбар ирагъэщIэн папщIэ.
КъинэмыщIауэ, ГИБДД-м и IэщIагъэлI­хэм къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ ­Iулъхьэ тын-къеIыхыныр ди къэралым щызекIуэ хабзэхэр къызэпызыуд Iуэхугъуэхэм зэращыщыр зэрыт тхылъымпIэхэр я автомашинэхэм кIэрагъэуэныр. КIэрыбгъапщIэ хъу апхуэдэ хьэпшып цIыкIухэри инспекторхэм ягуэшащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Iулъхьэ тын-­къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэр (International Day Against Corruption) илъэсым и махуэгъэпсым къыхагъэбелджылыкI, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ. Ар зэрагъэуврэ мы гъэм илъэс 17 мэхъу. 2003 гъэм и дыгъэгъазэм и 9-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищтауэ щытащ Iулъхьэ тын-къеIыхынымкIэ Конвенцэр. Ди къэралым и унафэщIхэр ящыщщ мыхьэнэшхуэ зиIэ а дэфтэрым япэу Iэ щIэзыдзахэм. Абы теухуа феде­ральнэ хабзэ УФ-м къыщащтащ иужькIэ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг