Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы. Гуэлыр ину къалъытэркъым, джэдыкIэ теплъэ иIэу хуэкIыхь-хъурейщ, и кIыхьагъыр хуэгъэфэщауэ километри 2 мэхъу, зы километр и бгъуагъщ, ику иту метритI и кууагъыу аращ. Ставрополь куеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэпылъыпIэр гуэлым икухэм деж хуозэ.
Тамбукъаныр зэрыщыIэ зэманым къриубыдэу зыбжанэрэ игъущыкIащ, ауэ иужькIэ къэхъужащ. Иужьрей илъэсхэм абы ит псыр къыдокIуей, Iэгъуэблагъэ щIыпIэхэм щIэлъадэу. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а зэхъуэкIыныгъэхэр зэран хуэхъуакъым абы къыхах ятIэм и зэхэлъыкIэми и хущхъуэгъуэми. Минеральнэ пкъыгъуэ куэд зыхэлъ ятIэмкIэ цIэрыIуэщ Тамбукъаныр.
Куэдрэ къалъытащ Тамбукъаныр пасэм щыIа Сармат тенджызым, Кавказ къуршхэм къеуалIэрэ тенджыз ФIыцIэмрэ Каспий тенджызымрэ зэпызыщIэу щытам, щыщу къэна тIэкIуу. Абы и фIэщыгъэр къызытекIар XVIII лIэщIыгъуэм псэуа, абы и Iуфэм тыркухэм щезауэу хэкIуэда адыгэ лIыхъужь Тамбий Муратбий и цIэрщ. «Тамбу къан»-м «Тамбий илъ» жиIэу къикIыу аращ.
ИСТЭПАН Залинэ.