ПРОФЕССОРЫР РЕСПУБЛИКЭМ ЩЫIАЩ

Урысей ФСИН-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлI лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Дворянсков Иван Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ.

Юридическэ щIэныгъэхэмкIэ докторым иджыпсту ирегъэкIуэкI уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэхэм я учётым щытхэм, хэгъэзыхьауэ лэжьэну суд зытращIыхьахэм къытрагъэзэжу щIэпхъаджагъэ ямылэжьыным хуэгъэза къэхутэныгъэхэр, пробацэ жыхуиIэри къалъытэу.

Дворянсков Иван хуэзащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Демидов Александр. Ахэр тепсэлъыхьащ щIэныгъэлIым къиIэта бгъэдыхьэкIэхэр щIыналъэм щыпхыгъэкIыным.

АдэкIэ профессорыр щыIащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и IуэхущIапIэхэм: ИЦ-мрэ колоние-поселение №5-мрэ. ЛэжьакIуэхэм анкетэ яригъэгъэхьэзыращ, апхуэдэуи лекцэ къахуеджащ. Къыхэгъэщыпхъэщ Дворянсков Иван «О пробации в Российской Федерации» закону 2023 гъэм и мазаем къыдэкIам елэжьахэм зэращыщыр.

КъинэмыщIауэ, Урысей ФСИН-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэр щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым икIи егъэджакIуэхэм епсэлъащ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.