ДЫЩЭ МЕДАЛУ ПЛIЫ

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 хъууэ, гупибгъуу гуэшауэ щытащ. 

Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалу 8 къыщихьащ, абыхэм ящыщу 4-р дыщэу. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Быгуэ Мансур (кг 55-рэ), Хъуран Къантемыр (кг 60), БищIо Атхъан (кг 66-рэ), Мамий Атмир (кг 81-рэ) сымэ.
Килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Костахов Марат дыжьын медаль къихьащ. Срыкъуэ Ибрэхьим (кг 60), АпыкI Мухьэмэд (кг 73-рэ), Молэ Мухьэмэд (кг 90) сымэ ещанэ хъуахэщ. 
 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI